СистематикэУикилӀэужьыгъуэм
Щомыщ | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
| ||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Panthera pardus Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
ПлъыжькӀэ къыхэгъэкӀар-здэпсоуахэр; удзыфэху-макӀыу, зэрызурэ къыздэнахэр; удзыфэкъуафӀцӀэ-нэхъ хъэрзыну здэпсо | ||||||||||||||||
|
Щомыщ (лат-бз.: Panthera pardus, ур-бз.: Леопард, барс) — шъакӀуэ-псэушъхьа, шэрыпӀ, джэду лъэпкъым ящыщ (джэдуушхуэ-лъэпкъ Panthera-хэм яхэт плӀым изы)
XX-лъэхъэнэм дунейпсо Тхылъ Плъыжьым иратха, Урысейм Итхылъ Плъыжьым, абы пэмыкӀыу иджыри тхылъ бжыгъэхэм.
Щомыщыр псэушъхьа иныфӀу щыт; икӀыфэр кӀыхьу, къэрууфӀу щыту; ишъхьар хъуреуэ, икӀапэр кӀыхьу, лъакъуэхэр хуэкӀэкӀыу-къэрууфӀу, итхьакӀумэхэр инкъым, мы памцӀу, хъуреуэ щытхэ.
Я инагъыр куэду зэшъхьащокӀхэ, шӀыпӀэ здэпсохэм елъытауэ. Мэзхэм щыпсохэр нэхъ цӀыкӀу, псынкӀыу щыт губгъуэхэм щыпсохэм елъытамэ. Тауэ щымытми, поми я хъухэр бзыхэм нэхъри нэхъ ину щытхэ.
КӀыфэм икӀыхьагъыр (кӀапэр хэмыту) - см. 90 -190; кӀапэр - см. 60 - 110. Бзыхэм я хьэлъагъыр - кг. 40 - 65; хъухэм - кг. 60 - 80 (макӀыу кг. 100 фӀокӀыр). Хъухэм я лъэгагъыр см. 70 - 80; бзыхэм нэхъ я цӀыкӀу дыдэхэм я лъэгагъыр см. 45 щыфӀэмыкӀи мэхъу.
Я фэр Ӏуву, кӀэкӀыу щыт. ШӀымахуэм цыр нэхъри нэхъ Ӏув, кӀыхь мэхъур (КъуэкӀыпӀэ Джыжьэ щомыщым ицым икӀыхьагъыр см. 7 носыр). Цым ифэр лъэпкъхэм зэрзэшъхьащыкӀыр пшахъуафэм иэ псыфэм къыщыкӀэдзауэ гъуэплъ-гъуабджафэм нэгъунэ. Азиэ лъэныкъуэмкӀэ щыпсохэм яр нэхъ нэху щыт, къуэкӀыпӀэ джыжьэмкӀэ щыпсохэм яр нэхъ плъыжьыфу.
ИкӀыфэм: ибгъухэм, кӀыбым, лъакъуэхэм, кӀапэм, цӀыкӀу иэ иныфӀыу фӀыцӀэ хэпхъа. Африкэ щомыщхэм яхэр нэхъ цӀыкӀу щыт, азиэм щыпсохэм яхэр нэхъ ину.Ныбафэмрэ, лъакъуэкӀуэцӀ-лъэныкъуэхэмрэ хужьу щыт.
Ипшъэ-КъуэкӀыпӀэ Азиэм щомыщ-къуафӀцӀэ кӀасу щопсохэ. Апхуэдэхэм яфэр псоуэ фӀыцӀу щыткъым счыгъуи фӀыуэ иэ тӀэкӀу къыхэщу фӀыцӀэ ифэм хэпхъахэр щыт. Я фэ фӀыцӀэр куэду къахуэшъхьапэ, мэздэгу здыкӀэсхэм хэгъуащу. Апхуэдэхэр нэхъыбу здэпсохэр Явэ хы тӀыгум. Щомыщ-къуафӀцӀэ чырыр гъуэжь щомыщчырхэмхэм ядэкӀыгъу бзы гъуэжьм къылъхуфыну. Я шэнкӀэ щомыщ-къуафӀцӀэхэр нэхь бзаджу щытхэ адрейхэм ялъытамэ.
Къагъэшъыр хуиту псохэм илъэс 10-11, арысэхэм илъэс 21 носыр.
Щомыщхэм шӀыпӀу здэпсом хуэдиз зы джэду лъэпкъ псокъым (унагъуэ джэдум щымыхъукӀэ).
Япэрейм здэпсоуахэр Африкэм инэхъыбэм (Сахара пшэхъуалъэм щымыхъукӀэ), Япэрей Азиэ, Къаукъаз, Пакистан, Индиэ, Китай, Индонезиэ; Явэ, Занзибар, Шри-Лáнка хы тӀыгухэр. Иджыпсу а къэбжэкӀахэм инэхъыбэм щомышъхэр щэӀажькъым (Марокко, Синай хы тӀыгуныкъуэ, Занзибар). Адрейхэм Ӏэуэ зэбгырыдзахэу, псэушъхьахэр зэпэджыжьу, зэпымылъыф-зэрмыгъуэтыфу щытхэ. Урысейм макӀыу Уссурий къэралым къэна, Ишъхъэрэ Къаукъазми къэнауэ мэгугъэхэ.
Африкэм джунглэхэм, курыт лъэныкъуэхэм щопсоу. Зыхэмыхьахэр пшахъуалъэ инхэмрэ, псыншэ губгъуэ лъэныкъуэхэмрэ.
Азиэм Амур ипсыхъуэм къыщыкӀэдзауэ, Индиэмрэ Ипшъэ-КъуэкӀыпӀэ Азиэмрэ якъушъхьа мэздэгухэм нэс щопсохэ. Абы пэмыкӀыу Азиэм ипшъэ-къуэхьапӀэм нэс Аравий хы тӀыгуныкъуэм, Джуртейм, Анатолий къушъхьахэм.
This article uses material from the Wikipedia Адыгэбзэ (Adighabze) article Щомыщ, which is released under the Creative Commons Attribution-ShareAlike 3.0 license ("CC BY-SA 3.0"); additional terms may apply (view authors). Текстыр уи пащхьэ илъщ лицензэ Creative Commons Attribution/Share-Alike-м теухуауэ, изыныкъуэхэм нэгъуэщI лицензэ иIэнкIи мэхъу. Нэхъ гурIуэгъуэу ухемэ еплъ Къызэрыбгъэсэбэпыным и щыхьэт. «Уикипедиэ» — зарегистрированнэ торговэ маркэ мыкоммерческэ зэIущIэныгъэм «Викимедым и Фонд». Images, videos and audio are available under their respective licenses.
®Wikipedia is a registered trademark of the Wiki Foundation, Inc. Wiki Адыгэбзэ (Adighabze) (DUHOCTRUNGQUOC.VN) is an independent company and has no affiliation with Wiki Foundation.