Абэчы́р и Ӏэхъу́пӀэ — Ищхьэрэ-КъуэхьэпӀэ Къаукъазым хэт тхы, Къэрэшей-Чэрджэс республикэм, Лэбэшхуэрэ Инджыджышхуэрэ я псыхъуэ зэхуакухэм, Къэукъаз къуршхэм я пашъхьэм ирокӀуэ, Архъыз къуэм къыхигъэкӀыу.
Абэчыр и ӀэхъупӀэ Абэшыр и ӀэхъупӀэ урбз. Абишира-Ахуба | |
---|---|
Сурэт | |
Координатхэр: | |
ЗдэщыӀэр: | Урысей |
Къущхьэ зыхэтыр: | Къаукъаз |
КӀыхьэгъыр: | км 30 фӀокӀ |
Ӏуащхьэ нэхъ лъагэр: | РыкӀыпс м |
Лъэгагъэр: | 3214 м |
Абэчыр и ӀэхъупӀэ тхым и шыгур хуэзаху ирокӀуэ Ӏуашъхьэхэмрэ бгъуэнхэмрэ ину къыхэмыщу. И нэхъыбаӀуэм лъэгапӀэхэр метрэ 3000 нэсурэ ирокӀуэ. И ипшъэ лъэныкъуэр ешэкӀауэ Архъыз къуэладжэм хуэгъэзауэ макӀуэ и бгъухэр арану къеху, къэкӀыгъу нэхъыбэкӀэ удзу, мылэщхэр макӀыу телъу. И ишъхъэрэ лъэныкъуэм и теплъэр пэмыкӀыу щыт — къейхэр метрэ 200-300 хуэдизу къоххэр, я зэхуакухэр гуэшэшауэ, абыхэм псы къыхэжыпӀэхэр яӀу: Уэрп, Чилик, Агурэ, КӀэфыр джоуэ, шхьэхэм мылыщэ бжыгъэхэр, хыкъум жгъей бжыгъэхэр иӀэ. Хьэйуар гъэмахуэкупсми 0 °C нэс йохыр.
ТеплъэкӀэ тхышъхьэр заху ирокӀуэ, Ӏуашъхьэхэр ину къыхэмыщу. Лъэгагъыр нэхъыбэм метрэ минищым фӀэкӀыу макӀуэ. ДэкӀыпӀэхэр Ӏуашъхьэ зэхуакухэм кууэ хэхьэхэкъым, метрэ минитӀым нэхъ лъахъчэ яхэмыту щыт.
Агурэрэ РыкӀыпсрэ я зэхуакум тхым и дэкӀыпэ нэхъ лъахъчэдыдэр дэлъ, и курыкупсым хуэзу, дэкӀыпӀэм и цӀэр Мылгуэлъ и лъэгагъыр метрэ 2800. Ӏуашъхьэм бгыгъунэӀухьитӀ иӀэ — Агурэ бгыгъунэӀухьрэ ШыкӀулътыр бгыгъунэӀухьрэ а тӀум я зэхуакум Агурэ хыкъумхэр дэлъ.
Ижъ ижъыжь лъандэрэ Уэрпрэ Чафыррэ я псыхъуэхэм цӀыхухэр дэст. Тхым и зы къуэм быдапӀэжъ блын лъэныкъуэхэр къыдэнауэ иӀэ, лъэхъэнэ курытхэм я зэманыгъуэм щыщу, абым пӀэмыкӀыу псэунэ бжыгъи щыӀэ, дэмыгъэхэр я тету, я теплъэкӀэ Краснодар къэралымрэ Адыгэ республикэмрэ щыӀэ псэунэхэм ямыхьчу.
Мэзхэм бэуэ упэкӀэхуэ хъуну уэрп псыхъуэм — бесленей, чафыр псыхъуэм — мысылбей къуэджэжъхэм, зауэ нэужэм къалежьахэм. Адыгэ лъакъу лъэныкъуэм исахэр беслъэней лъэкъуэлъэш Тхьэстокъуэхэ, абазэ лъакъуэ мысылбейхэм я лъакъуэлъэш унагъуэцӀу — Сыдхэ, Еджыбокъуэхэ.. А къуаджэжъхэм я зэманыгъу псыхъуэм къэзакъ стэницэхэри дашъыхьа — Преграднэ, Стороживой. Яужырем ипэмыджыжьу къэзакъ быдапӀэм и блынхэр къэнауэ щыт.
Тхым мэз куэду къыщыкӀыу щыткъым ауэ къушъхьэхъукӀэ бэгъуа. Удз лӀэужъыгъэ бжыгъэхэр къыщокӀыр, абыхэм ящыщ: бэрэтӀинэ, тхьэрыкъуэфдэгу, гъуэжьудз, аӀуейгъурц, губгъуэджэдгын, пэлъауэ, кърухугу пэмыкӀхэр. МэкъумэшыкӀэмкӀэ былымзехуэнымкӀэ тхым мыхьэнэшхуэ зэрехьэ — къуаджэ Инджыдж и къуэладжэм дэтхэм гъэмахуэм былымхэр къушъхьэхъу дахур, мэкъу йоуэ, Ӏэзэгъуэ удзхэр къырахыр. 1934 гъэм щыкӀэдзауэ 1954 нэгъунэ тхыр Адыгэ аутоном къедзыгъуэм и ипшъэ гъунапкъу щытт, абы къыщыкӀэдзауэ къуаджэ-къуаджу тхым и шӀыпӀэр хэгуэшыхьа.
Мэз къыщыкӀхэм жыг кӀэтхэр: бжей, уэздыгъей, нартей, пхъэхуей, кӀэщей. Мэзхэм я нэхъыбэр пӀалъэншу ирахыр 90-гъэхэм щыкӀэдзауэ. Абэчыр и ӀэхъупӀэмрэ Лабэ и псыхъуэмрэ мэзхэм и нэхъыфӀу кӀэт жыгхэр, нэхъ индыдэхэр ирах илъэс бжыгъэ кӀуам, къэралым и ӀэнатӀэгъуэми абым теухуауэ пари иришъэкъым.
Тхым и бгъухэмрэ и пашъхьэхэмрэ къэкӀ мэзхэм XX лъэхъэнэм и пэм псэущхьэхэр бэуэ щыпсоуа, абыхэм ящыщ: домбей, щомыщ, дыгъужъ, бжьо, былътырыку, щыхь, мышъэ, бажьэ, дзыдзэ, мэзджэду, уашхэ, мэзыкхъуэ, мэзджэд. Куршхэм, аранэхэм: щыхь, шыкӀулътыр, цӀакхъуэ, мысырджэд. XXI лъэхъэнэм и пэм къебжэкӀа псэущхьэхэм я нэхъыбэр къэнэжьакъым, макӀыу: дыгъужъхэр, мэзыкхъуэхэр, щыхьхэр, былътырыкухэр мэзхэм къыкӀэна, къуршхэм шыкӀулътырхэр, цӀакхъуэхэр, мысырджэдхэр джоуэ, яужырехэм я бжыгъэр макӀэдыду щыт, кӀуэдыным нэсауэ.
Last edited 6 years ago by YiFeiBot
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |
This article uses material from the Wikipedia Адыгэбзэ (Adighabze) article Абэшыр и ӀэхъупӀэ, which is released under the Creative Commons Attribution-ShareAlike 3.0 license ("CC BY-SA 3.0"); additional terms may apply (view authors). Текстыр уи пащхьэ илъщ лицензэ Creative Commons Attribution/Share-Alike-м теухуауэ, изыныкъуэхэм нэгъуэщI лицензэ иIэнкIи мэхъу. Нэхъ гурIуэгъуэу ухемэ еплъ Къызэрыбгъэсэбэпыным и щыхьэт. «Уикипедиэ» — зарегистрированнэ торговэ маркэ мыкоммерческэ зэIущIэныгъэм «Викимедым и Фонд». Images, videos and audio are available under their respective licenses.
®Wikipedia is a registered trademark of the Wiki Foundation, Inc. Wiki Адыгэбзэ (Adighabze) (DUHOCTRUNGQUOC.VN) is an independent company and has no affiliation with Wiki Foundation.