СистематикэУикилӀэужьыгъуэм
КъэкӀыгъэхэр | ||
---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||
| ||
Латин цӀэр | ||
Plantae | ||
|
КъэкӀыгъэхэр (лат-бз.: Vegetabilia) — организм ишэгъуэ бжыгъэкӀэ зэхэтхэм ящыщ. КъэкӀыгъэхэр лӀэужъыгъэ бжыгъэкӀэ зэхокӀхэр — абыхэм ящыщ жыгхэр, пабжъэхэр, удзхэр пэмыкӀхэр.
Биологиэм а и лъэныкъуэм елэжьыр КъэкӀыгъэщӀэныгъэра.
Гупшысыгъэ къэкӀыгъэр зыцӀэр джоуэ куэдкӀэ зэшъхьэщокӀыр. Япэреуэ абым яуж ихьатэр Аристотел, къэкӀыгъэхэр псэ зыӀутхэмрэ (псэушъхьэхэмрэ) псэ зӀумытхэмрэ я зэхуакум дигъувауэ. КъэкӀыгъэхэр псоуэ, псэ зӀут хуэду игъувахэ ауэ езырезырху земыкӀуэфху (псэушъхьэхэм абыкӀэ япэщыгъэуву). Яужым бактериэхэмрэ архейхэмрэ къагъуэта, къэкӀыгъэ гурыӀуэгъуэ щэӀахэм париукӀи хэмыхуэфху. ХХ лъэхъэнэм и кум Ӏэргъэбэгухэмрэ псыудз гуэрэхэмрэ шъхьэхуит категориу къыхагъэкӀахэ, псырыжэрэ лъабжъэгъуэрэ зэрыямыӀэм шъхьэкӀэ адрей къэкӀыгъэхэм зэрыяӀэм хуэду.
Лъэныкъуэгъухэр, гупкӀэ зэхэгъэхьаху:
Тхыдэм я зэхэдзыгъуэр зэрекӀуэкӀар:
Линней (1735) ЛъэпкъыгъуитӀ | Геккел (1894) Лъэпкъыгъуищ | Копеланд (1938) ЛъэпкъыгъуиплӀ | Уиттекер (1969) Лъэпкъыгъуитху | Уоезе (1977) Лъэпкъыгъуих | Уоезе (1990) Доминионищ | Кавалие-Смит (1998) ИмпериэитӀ Лъэпкъыгъуибл | |
---|---|---|---|---|---|---|---|
Псэушъхьэхэр | Псэушъхьэхэр | Псэушъхьэхэр | Псэушъхьэхэр | Псэушъхьэхэр | Эукариэхэр | Эукариэхэр | Псэушъхьэхэр |
Пхъыщхьэмыщхьэхэр | КъэкӀыгъэхэр | КъэкӀыгъэхэр | КъэкӀыгъэхэр | КъэкӀыгъэхэр | КъэкӀыгъэхэр | ||
Протистхэр | Ӏэргъэбэгухэр | Ӏэргъэбэгухэр | Ӏэргъэбэгухэр | ||||
Протистхэр | Протистхэр | Хромистахэр | |||||
Зэгъэзэхуэгъэншэ | Протистхэр | Протозоа | |||||
Прокариотхэр | Прокариотхэр | Архейхэр | Архейхэр | Прокариотхэр | Бактериэхэр | ||
Бактериэхэр | Бактериэхэр |
КъэкӀыгъэхэм я хэшэгъуэхэм гулъытыгъу яӀэр я инагъыра (сантиметэ зтӀущым нэсу) хэшэгъуэпкъыр Ӏуву щыт, целулозэм щыщу. Гуэшыгъуэм идежь блыныр зэрзэфӀэувэр тхъурымбэ къыхэкӀымкӀэ (фрагмапластыр).
КъэкӀыгъэхэм я хэшэгъуэхэр шэкӀыу зэхохьэхэ. КъэкӀыгъэхэм я шэкӀым хэшэгъуэ зэхуакупкъ яӀэкъым, хэшэгъуэ лӀа бжыгъэ яхэт (склеренхимэмрэ пхъэмыфхэмрэ хуэдэхэр). Абыхэм пэмыкӀыу, псэушъхьэхэм зэрамыхьчыр я шэкӀыр хэшэгъуэ тип бжыгъэкӀэ зэхэтыфыну.
КъэкӀыгъэхэм я нэхъыбэхэр пкъызэщхьэщыдзауэ щыт. Тип зтӀыщ щыӀэ я пкъызэфӀэтыкӀыу: талос — абым идежь пкъыр зыуэ псоуэ щыт, зы удзыфэ тхьэмпу, тхьэмпэкъудамэ — абым идежь пкъыр гъэчсурэту щыт, тхьэмпэ тету (лъабжъэ яӀэкъым; лэцсурэтхэм я нэхъыбэхэр), лъабжъэкъудамэхэр — пкъыр гуэшыгъу зэхэбгъэкӀ щыхъунур: лъабжъэлъэнукъуэ; пкъылъэныкъуэ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ КъэкӀыгъэщӀэныгъэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
This article uses material from the Wikipedia Адыгэбзэ (Adighabze) article КъэкӀыгъэхэр, which is released under the Creative Commons Attribution-ShareAlike 3.0 license ("CC BY-SA 3.0"); additional terms may apply (view authors). Текстыр уи пащхьэ илъщ лицензэ Creative Commons Attribution/Share-Alike-м теухуауэ, изыныкъуэхэм нэгъуэщI лицензэ иIэнкIи мэхъу. Нэхъ гурIуэгъуэу ухемэ еплъ Къызэрыбгъэсэбэпыным и щыхьэт. «Уикипедиэ» — зарегистрированнэ торговэ маркэ мыкоммерческэ зэIущIэныгъэм «Викимедым и Фонд». Images, videos and audio are available under their respective licenses.
®Wikipedia is a registered trademark of the Wiki Foundation, Inc. Wiki Адыгэбзэ (Adighabze) (DUHOCTRUNGQUOC.VN) is an independent company and has no affiliation with Wiki Foundation.