Сыхьэт зонэ псалъэм гурыӀуэгъуитӀ иӀэщ.
И нэхъыбапӀэм административнэ сыхьэт зонэращ нэхъ хэгъэхукӀауэ ябжыр. Иджы зэманыр зэтраухуэ Дунейпсэ координированэ зэманым (UTC) къагъэсэбэпу. Иныкъуэ къэралхэм гъэмахуэм я сыхьэтхэр зы сыхьэткӀэ япэ ирагъэшри, щӀымахуэм ирагъэкӀуэтыж мыхьэнэншэу току ямыгъэкӀуэдынхэ щхьа.
Дуней псор меридианхэм къазэрыхэкӀыу 24 сыхьэт зонэкӀэ угуэшахэщ. Зы сыхьэт зонэм уикӀыу адрейм укӀуэм, дакъикъэм и мыхьэнэр къонэ, сыхьэтыращ е зы сыхьэткӀэ хэхъуэр ерэ хэщӀыр. Ауэ къэрал гуэрхэри щыӀащ дакъикъэ 30-кӀэ е 45-кӀэ къащхьэщыкӀхэу.
Ишхъэрэрэ Ипшэрэ полюсхэм меридианхэр зы пӀэм деж щызэхохьэжхэри, а щӀыпӀэхэм сыхьэт зонэхэм я мыхьэнэр щокӀуэд. ЗэралъытэмкӀэ а щӀыпӀэм дунейпсо зэман къыщагъэсэбэпын хуейуэ ябж, ауэ Ипшэ полюсым ит станциэ амундсен-Скоттым ЩӀэ Зелэндым и сыхьэт зонэращ къигъэсэбэпр.
Зи щӀыпӀэхэр зы сыхьэт зонэм нэхърэ нэхъыбэм ит, къэралхэр:
Къэрал | Сыхьэт зонэхэр зэрыхъухэ | UTC-ым и нэхъ гъунэгъур | UTC-ым нэхъ пэжыжэр | Гъэмахуэ зэманыр къэзыгъэсэбэп |
---|---|---|---|---|
Аустралиэ | 7, гъэмахуэм 8 | UTC+6:30 | UTC+11:30 | И нэхъыбапӀэ щӀыпӀэм къагъэсэбэпыжкъым |
АШЗ | 6 | UTC-5 | UTC-10 | И нэхъыбапӀэ щӀыпӀэм къагъэсэбэп |
Британиэшхуэ | 8 | UTC+6 | UTC−8 | Къагъэсэбэп |
Бразилэ | 3 | UTC−4 | UTC−2 | И нэхъыбапӀэ щӀыпӀэм къагъэсэбэпыжкъым |
Гренландиэ | 4, гъэмахуэм 3 | UTC+0 | UTC-4 | И нэхъыбапӀэ щӀыпӀэм къагъэсэбэпыжкъым |
Даниэ | 5 | UTC+1 | UTC-4 | Къагъэсэбэп |
Демократикэу Республикэ Конгэ | 2 | UTC+1 | UTC+2 | Зэри къагъэсэбэпакъым |
Индонезиэ | 3 | UTC+7 | UTC+9 | Зэри къагъэсэбэпакъым |
Испаниэ | 2 | UTC+1 | UTC | Къагъсэбэп |
Къазахъстэн | 2 | UTC+5 | UTC+6 | Къагъэсэбэпыжкъым |
Канадэ | 6 | UTC−3:30 | UTC−8 | И нэхъыбапӀэ щӀыпӀэм къагъэсэбэп |
Кирибати | 3 | UTC+12 | UTC+14 | Зэри къагъэсэбэпакъым |
Мексикэ | 3 | UTC−6 | UTC−8 | Къагъэсэбэп |
Микронезиэ | 2 | UTC+10 | UTC+11 | Зэри къагъэсэбэпакъым |
Монголэ | 2 | UTC+7 | UTC+8 | Къагъэсэбэпыжкъым |
Нидерлэндхэр | 2 | UTC+1 | UTC-4 | Къагъэсэбэп |
ЩӀэ Зелэнд | 2 | UTC+12 | UTC+12:45 | Къагъэсэбэп |
Урысей | 9 | UTC+3 | UTC+12 | Къагъэсэбэпыжкъым |
Португалэ | 2 | UTC | UTC-1 | Къагъэсэбэп |
Фрэндж | 12 | UTC+12 | UTC-10 | Къагъэсэбэп |
Чили | 2 | UTC-4 | UTC-6 | Къагъэсэбэп |
Экуадор | 2 | UTC-5 | UTC-6 | Къагъэсэбэп |
This article uses material from the Wikipedia Адыгэбзэ (Adighabze) article Сыхьэт зонэ, which is released under the Creative Commons Attribution-ShareAlike 3.0 license ("CC BY-SA 3.0"); additional terms may apply (view authors). Текстыр уи пащхьэ илъщ лицензэ Creative Commons Attribution/Share-Alike-м теухуауэ, изыныкъуэхэм нэгъуэщI лицензэ иIэнкIи мэхъу. Нэхъ гурIуэгъуэу ухемэ еплъ Къызэрыбгъэсэбэпыным и щыхьэт. «Уикипедиэ» — зарегистрированнэ торговэ маркэ мыкоммерческэ зэIущIэныгъэм «Викимедым и Фонд». Images, videos and audio are available under their respective licenses.
®Wikipedia is a registered trademark of the Wiki Foundation, Inc. Wiki Адыгэбзэ (Adighabze) (DUHOCTRUNGQUOC.VN) is an independent company and has no affiliation with Wiki Foundation.