Былътырыку

СистематикэУикилӀэужьыгъуэм

?
Былътырыку
Былътырыку
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэущхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: ШэрыпӀхэр
ХэкӀыгъуэ: Псэущхьэшххэр
Лъэпкъ: Джэдухэр
Лъэпкъ къуэдзэ: ДжэдуцӀыкӀухэ
Лъэпкъыгъуэ: Былътырыкухэр
ЛӀэужъыгъуэ: Былътырыку
Латин цӀэр
Lynx lynx Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт

Былътырыку
Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

NCBI {{{1}}}

Былътырыку, елэн (лат-бз.: Lynx lynx, ур-бз.: Рысь) — шэрыпӀ псэущхьэшхщ, джэдухэм щыщщ.

Ӏэплъэпкъ

Еуразий елэныр, адрей елэнхэм нэхърэ нэхъ инщ, и кӀыхьагъыр см. 80 - 130, и лъэгагъыр см. 70. Елэныхъухэм я хьэлъагъыр кг. 18 - 30, елэныбзхэр нэхъыбэм кг. 18,1 мэхъухэр. Япкъыр елэн псоми нэхъ кӀэщӀыу, къэрууфӀыу зэфӀэтщ. Лъакъуэхэр инщ - лъапэ бгъуэуэ, цыбэу (щӀымахуэм уэсым кӀуэцӀыримгъэху зекӀуэфу), итхьэкӀумэхэм кхъуакӀэ кӀыхьхэр тетщ. КӀапэр кӀэщӀщ.

Я фэр куэду зэщхьэщокӀ, здэпсэу лъэныкъуэм елъытауэ - гъуэплъым къыщыщӀэдзауэ псыфэм нэгъунэ, куэду иэ мащӀэу я щӀыбым, лъакъуэхэм, гъунэхэм и къуэлэнагъыр. Ныбафэм цы тетхэр нэхъ кӀыхьу, нэхъ щабэщ, ищӀыфэм хуэдэу Ӏувкъым, хужьу, фӀыцӀэри нэхъ мащӀэу хэпхъауэ. Ипщэ лъэныкъуэмкӀэ щыпсохэм яфэр нэхъ плъыжьщ, цыр нэхъ кӀэщӀщ, лъапэхэр нэхъ цӀыкӀущ.

Елэным и лъэкъуапӀэр джэду псом хуэдэщ, ӀабжьанапӀэ къимыгъанэу. ЩызекӀуэкӀэ и кӀэбдз лъакъуэр япэрейм къигъэна лъэкъуапӀэм иригъэувэурэ ещыр. Елэн зытӀущ кӀуэмэ - яуж итхэр хуэзэу япэрейм къигъэна лъэкъаупӀэхэм езыхэм я лъапэхэр ирагъэувэурэ макӀуэхэ.

Здэпсохэр

Елэнхэр джэду лъэпкъу хъуам нэхъ иищхъэрэ-щӀыпӀэ щыпсоухэм ящыщ. Япэрей лъэхъэнэхэм Еуропэ псом дэнэ деи щыпсоуащ, XX лъэхъэнэхэм Еуропэ Курытымрэ, Еуропэ КъуэхьэпӀэмрэ цӀыху щакӀуэным къелакъым. Иджыпсту узыншэу а лъэныкъуэхэм зэфӀагъэувэжхэ.

Зэрыпсохэр

Елэным псей, уэздыгъей мэзӀувхэр нэхъ кӀасэу къыхех псэуну ауэ мэзкъуихэми, къущхьэхъуми щыпсэуфынущ. Жыгхэм фӀыуэ допщейр икӀи псым йос.

Ишхын ирикъу щытмэ и щӀыпӀэм икӀкъым, имыгъуэтмэ куэшын щӀедзэ. Жэщ-махуэм км. 30 фӀакӀыфыр. Ишхыным и нэхъыбэр тхьэкӀумэкӀыхь Ӏамэ, мэзджэдхэм ящыщ, дзыгъуэхэм, мащӀэу къэкӀыгъэшх-шэрыпӀхэм (Мэзбжэнхэм, щыхьхэм... ), абы пэмыкӀыу унагъуэ хьэхэм-джэдухэм щатеуи мэхъу, мэзым бажэхэм уашхэхэм. Бажэхэр щыхузэфӀэкӀым гущӀэгъуншу еукӀ, зыкӀи хуэмыныкъуу щытми.

ЩакӀуэн щежьэр пщыхьэщхьэщ. Гъуащу куэдым зэрагугъэм хуэду щыткъым елэныр: жыгым къепкӀэу иубыду зэщакӀуэр, нэхъыбэу егъэхъур зигъэпщкӀуурэ, кӀэсыкӀукӀыу яужкӀэ лъеурэ (зы пкӀэгъуэм м. 4 ибгъуагъу) тоуэ. Зытеуэ псэущхьэм м. 60 - 80 хуэдиз яужь итыфыну, иужькӀэ и къэрур мэкӀуэд.

Псэущхьэ сакъыу щыт щхьэкӀэ елэныр цӀыхум Ӏейуэ ящышынэкъым. МэзӀэрысэхэм, жыгхадэхэм, мэз ихахэм щыхыхьэ мэхъу, шхын щимыгъуэтым къуажэхэм, къалэхэм дыхьэуи мэхъу.

Зэрзэпыхьахэр

Елэнхэм зэпыхьэн щыщӀадзэр мазаем - гъатхэпэхэм елъэн псэущхьэ щэхухэр абы щыгъуэ ину кӀиин, гоун щӀадзэ зэрылъыхъу.

Елэныбзыр махуэ 63 - 70 псэф. Къилъхур нэхъыбэм 2 - 3 шыру; гъуэуэ къыхиххэр жыг кӀуриям илъабжьэ, кумб, бгъуэнщӀагъ. Шырхэр хъури бзыри зэхэту япӀхэ. Япэрей зэпыхьэгъуэр къэмыс щыкӀэ быныр анэ-адэм ядэщӀыгъуу мэщакӀуэхэ. ЩызэфӀэувэхэр мазэ 21 бзыхэр, мазэ 33 хъухэр. Къагъащэр илъэс 15 - 20.

Сурэтылъэ

Tags:

Былътырыку ӀэплъэпкъБылътырыку ЗдэпсохэрБылътырыку ЗэрыпсохэрБылътырыку ЗэрзэпыхьахэрБылътырыку СурэтылъэБылътырыку

🔥 Trending searches on Wiki Адыгэбзэ (Adighabze):

Къэбэрдей АдыгэбзэМахуэ ГъэпсАрыкъ памцӀэБылътырыкуAutonomous Soviet Socialist RepublicsСлоуакэЭрнан КортесШыНапэкӀуэцӀ нэхъыщхьэМазэДзэлыкъуэ къуажэБалъкъэрхэрБГЫРЫПХКЪЕКӀОКӀКъардэнгъущӀ, ЗырамыкуТемрыкъуэ МамсрыкъуэАжэжьбэкъуСиддхартха ГаутамаКӀыгуугу лъэпкъырЛъэпкъ ЗэгуэтхэрАӀуейУысэрэжъХылъэжьыйПортугалэШамИслъам махуэгъэпсГупэжЕтӀуанэ дунейпсо зауэХъырцэхэрМэлайзиэАзиэТегеранИшъхъэрэ АмерикэОманМэлыхъуэбзуШэлкъанХъутей Республикэ (Тайван)БжэнщlэфТырку1849Тулэ областИракъКфар КамаГангАдэжынэЛабэшхуэКъэбэрдей пщыгъуэНэхъышъхьэбзэрИндиэМэзкууРафаэл СантиКъэбэкъауэКӀыгуугуМдзымтэ🡆 More