Пцӏащхъуэ

СистематикэУикилӀэужьыгъуэм

?
ПцӀащхъуэ
ПцӀащхъуэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: ПцӀащхъуэ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: ПцӀащхъуэхэр
ЛӀэужъыгъуэ: ПцӀащхъуэ
Латин цӀэр
Hirundo rustica
Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт
    здэгъуалъхьэр
    гъэпсом
    щӀымахуэр здырихыр

Пцӏащхъуэ
Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 178448
NCBI 43150

ПцӀащхъуэ (лат-бз. Hirundo rustica) — пцӀащхъуэ лъэпкъым хыхьэ лӀэужьыгъуэщ.

Пцӏащхъуэ
Hirundo rustica

Теплъэр

Пкъы псыгъуэ кӀэ дыкъуакъуэ кӀыхьщ, дамэ папцӀэ псыгъуэщ, пэ кӀэщӀ жьабгъуэщ, лъакъуэ кӀэщӀ къару мащӀэщ. НатӀэмрэ жьэгъумрэ плъыжь-улъиягъафэщ. ТхыцӀэр фӀыцӀэ жырыфэщ, морафэ и пщэм къырекӀуэкӀыу къыщӀэуэу. Ныбэ щӀагъыр хужьщ.

Здэпсэухэр

Къаукъазым щыкуэдщ, мэлъэтэж. Абгъуэ кӀэрещӀыхь унэ блынхэм, нэгъуэщӀ лъэгапӀэхэм. Гъэм тӀо къыреш.

Ӏусыр

Ӏусыр фӀыуэ лъэтэф гъудэбадзэщ.

Адыгэ ӀуэрыӀуатэм

ПцӀащхъуэр, унэбзум хуэдэу, ижь-ижьыж лъэандэрэ цӀыхум и гъуэнэгъуу мэпсэу, и абгъуэр псэуалъэхэмзэрыщищӀынум хущӀэкъуу, и бзэрабзэр нэгъуэщӀ бзум ейм хэгъэгъуэщэгъуейщ.

Абы ди ӀуэрыӀуатэм хуэфащэ увыпӀэ щиӀыгъщ и фӀэщыгъэм щӀагъыбзэ мыхьэнэ хэха иӀэу. Ар къуажэ гъащӀэм, псынщӀагъэм я дэмыгъэщ, унэбзум, бжэндэхъум яхуэдэу, гъатхэр къезыгъэблагъэхэм ящыщщ, хъыбарыфӀзехьэщ. Лъэтеувэ уэрэдхэм ящыщ зым япэ лъэбакъуэхэр зыч щӀалэ цӀыкӀур къыхуреджэ:

« Мимэр иухыу пцӀащхъуэ лъэтэну »

, фызышэ уэрэдым деж щӀалэу къэзышэр

« Уэредадэ, уэгу пцӀащхъуэщ, уэредадэ, пцӀащхъуэм дохуарзэ. »

Адыгэхэр пцӀащхъуэм зэран хуэхъукъым, абгъуэр я пэш блыным кӀэрищӀыхьми, зэрагъэзэгъ. Абы ини цӀыкӀуи щытыкӀэ хуаӀэр псом хуэмыдэу щынэрылъагъущ фӀылъагъуныгъэ хэлъу хузэхалъхьэ къуажэхьхэм:

  • «Барабатинэ, бэрэтинащхьэ, данагъуэ Ӏупэ, кӀэ дыкъуакъуэ»
  • «ХьэпкӀэрапкӀэу гуэщым щӀэпкӀэ»
  • «Зи кӀэр дыкъуакъуэ бгыкъур зи унапӀэ»

Псалъэжьым щыщхэм къеӀуоху:

  • «Ахъшэр пшахъуэщи, гъащӀэр пцӀащхъуэщ»

Гулъытыгъуэ

Тхылъхэр

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.


Tags:

Пцӏащхъуэ ТеплъэрПцӏащхъуэ ЗдэпсэухэрПцӏащхъуэ ӀусырПцӏащхъуэ Адыгэ ӀуэрыӀуатэмПцӏащхъуэ ГулъытыгъуэПцӏащхъуэ ТхылъхэрПцӏащхъуэ

🔥 Trending searches on Wiki Адыгэбзэ (Adighabze):

ЕуропэИсраилМахуэ ГъэпсМэжарейХъырцейЛъэпкъ ЗэгуэтхэрЧыристэныгъэДыдыкъуш теплъэ хэкӀыгъуэрТыркубзэМэракӀуапцӀэЩӀыпсРафаэл СантиДербентАустрэ империэМышъэКъэзэнокъуэ ЖэбагъыБгъэнджэдСербиэПатагониэЩу лъэпкъырБалийАрагонАмерикэ Штат ЗэгуэтхэрТайлэндШъхьарыхъуэнМыщэМексикэБзулъэкӀыхьАбазэ-АдыгэбзэхэрСуахилиКӀыщокъуэ Пщымахуэ и къуэ АлимАдолф ГитлерГабриэл Гарсиа МаркесТыркуейПиайШэджэм (псы)Мэзджэд лъэпкъ къуэдзэрЩытыкӀэРундибзэДэшхуейКурск областАдыгэбзэДжэрмэнКъушъхьэджэдНапэкӀуэцӀ нэхъыщхьэГъафПсыу (псы)КъэбцӀацӀэхэрРумыниэПсыкъуаргъ лъэпкъырАрусырАбхазияАмазонэНыбгъуэхэрШыкӀэпшынэАшэмыхъэ🡆 More