Абазэ-адыгэ бзэхэр — къэукъаз бзэхэм изы унагъуэ, ишъхъэрэкъаукъаз унагъуэшхуэм азэгъуэхэм я гугъэкӀэ хагъыхьа.
Бзэ хиубыдэхэр: убыхыбзэ, адыгэбзэ, абазэбзэхэр (абазэбзэ апхъазыбзэ). Убыхыбзэр адыгэбзэм нэхъ игъунэгъу щыт, икӀи нэхъ ехьч ауэ апхъазыбзэми щыщ куэду хэлъ, абы шъхьакӀэ бзэ "курыту" плъытэ хъуну.
Абазэ-адыгэ бзэхэм пэмыкӀыу зэреджэхэр ишъхъэрэ-къуэхьапӀэкъаукъазыбзэхэ, шӀыпӀэ къыздыхэкӀахэм, здызэфӀэувахэм - Ишъхъэрэ-КъуэхьапӀэ Къаукъаз.
Урысейм (Ишъхъэрэ-Къаукъазым) Апхъазым, къуэкӀыпӀэгъунэгъу лъэныкъуэм (Тыркум, Шамым, Иорданым) щопсалъэхэ, бзэр зэрахьэ. БзэмкӀэ псалъу къалытэр милыуан 1, 100 (?) хуэдиз, Урысейм щыпсохэр хэту (мин 764, 660 (2002 гъэмкӀэ джылэ псо бгъыгъэ ирагъэкӀукӀам).
Нэхъ къылъытэгъуэ нупшысэгъуэ щыӀэхэм ящыщыр абазэ-адыгэбзэхэр нах-дэгъыстэныбзэхэм япхауэ, зэдэкӀыгъуху ишъхъэрэкъаукъаз унагъуэ къыхагъэкӀху. Алтернативэ гупшысэгъуэмкӀэ нах-дэгъыстаным епхыгъуэр тралъхьэ къуэдеуэ ягъэувыр, пкъы кӀэмыту, я зэгъунэгъугъуэм зэхьчыгъуэхэр къыхэкӀауэ лексикэмкӀэ, абым фӀэмыкӀыу, ауэ, фонетикэмрэ морфологиэмрэкӀэ зэшъхьэкӀыгъуэ инхэр яӀу.
Гупшысэгъуэ лъэшхэр щыӀэ, абым пэмыкӀыуи лэжьыгъэхэр ирагъэкӀуэкӀыр абазэ-адыгэбзэхэр хаттыбзэм (дунем темытыжь, III-II ди лъэхъэнэхэм япэ ящыщ) ирапху.
Адыгэ гупыр псалъэкӀитӀу зэхагъэкӀ (Урысейм бзитӀу къалъыту) - кӀах псэлъэкӀэмрэ къэбэрдей псэлъэкӀэмрэ
Къэбэрдей псэлъэкӀэм беслъэнеибзэри хохьэ.
Абазэбзэхэри адыгэ псэлъэкӀэхэм яхуэду зэгъунэгъу щытхэ, абыхэм яхэтхэр:
Абазэбзэхэр гтнетикэкӀэ зэгъунэгъу дыду щытхэ зы бзэуэ къэлъытэгъуэ ятыным шъхьэкӀэ. Гу лъытыгъэр ашхаруа псэлъэкӀэр мыдэвейм нэхъ хуэгъунэгъу щыт тапантам нэхърэ.
Убыхыбзэм и тхыдэр нэхъ гукъеу къахэкӀа бзэхъуам ям елъытамэ. хы ФӀыцӀэм и Ӏуфэм усахэр, Адыгэ-урыс зауэр уха яуж, зы къэмыну Уэсмэн империэм ирагъэкӀа лъэпкъыр, абдэжьым адыгэхэм яхэсурэ, хом-хомурэ адыгэбзэм техьахэ, яужыреуэ, убыхыбзэр зышъу дунем тетар Теуфик Эсенч, 1992 джэпуэгъуэм и 7 дунем ехыжьа. Езы убых лъэпкъым щыщу Тыркум цӀыху 10 000 хуэдиз дэс. Иджыпсту гупшысыгъуэ ирагъэжьа, бзэр зэфӀэгъувэжьыным теухуауэ.
XIX лэхъэнэм ипэм нэс абазэ-адыгэбзэм я зым тхыбзэ имыӀэуэ къалъытэ, ауэ, Мыекъуапэ културэм пылъ лэжьыгъэхэм къызэраӀохумкӀэ абазэ-адыгэхэм пэсырейдыдэ тхыбзэ яӀа, яужым кӀуэдыжьауэ. Урысейм Къаукъазыр иубыда яуж зэхэхауэ лэжьыгъэ бжыгъэ екӀуэкӀа тхыбзэ къыхэгъэкӀыным шъхьэкӀэ абазэ-адыгэ лъэпкъхэм яуэ кириллымкӀэ иэ хьэрым тхыбзэмкӀэ. Советхэм я Ӏэнатэр зэфӀэува яуж адыгэхэм шъхьэкӀэ хьэрыфылъ зэхагъэувэ Хьэрып тхыбзэкӀэ. 1923 гъэм къэбэрдер, яужым, 1926-1927 гъэхэм - мыдэвейр, кӀахыр, абазэбзэр джоуэ латин тхыбзэм трагъэхьэхэ 1936-1938 гъэхэм нэс. Абым яуж мыдэвей тхыбзэр курджы тхыбзэм трагъэхьэ (1954 гъэм нэс) адрей щыр кирилл тхыбзэм, иджыри къыздынэсым ара зтетхэр псори.
This article uses material from the Wikipedia Адыгэбзэ (Adighabze) article Абазэ-Адыгэбзэхэр, which is released under the Creative Commons Attribution-ShareAlike 3.0 license ("CC BY-SA 3.0"); additional terms may apply (view authors). Текстыр уи пащхьэ илъщ лицензэ Creative Commons Attribution/Share-Alike-м теухуауэ, изыныкъуэхэм нэгъуэщI лицензэ иIэнкIи мэхъу. Нэхъ гурIуэгъуэу ухемэ еплъ Къызэрыбгъэсэбэпыным и щыхьэт. «Уикипедиэ» — зарегистрированнэ торговэ маркэ мыкоммерческэ зэIущIэныгъэм «Викимедым и Фонд». Images, videos and audio are available under their respective licenses.
®Wikipedia is a registered trademark of the Wiki Foundation, Inc. Wiki Адыгэбзэ (Adighabze) (DUHOCTRUNGQUOC.VN) is an independent company and has no affiliation with Wiki Foundation.