Емынэ Фӏыцӏэ

Емы́нэ фӀы́цӀэ е емы́нэ фӀы́цӀэ узыгъуэ — емынэ узыгъуэм и падемиэ, XIV лъэхъэнэхэм Еуропэм, Азиэм, Африкэм къекӀуэкӀар.

Емынэ Фӏыцӏэ
Емынэ фӀыцӀэм зэкӀишта лъэныкъуэхэр. УдзыфэкӀэ къыхэгъэщахэр нэхъ макӀыу узыр здынэсар.

Монголиэм къыхэкӀа хъуа. ЦӀыху млн 78 ихьа дунейпсом. Еуропэм и тхыдэм емынэ фӀыцӀэр гуӀэгъуэшху къыхэна и экономикэм, псэрыджым, щэнхабзэм еуауэ.

Тхыдэр

КъызхэкӀар

Экологиэм и мыхьэнэ

XIV лъэхъэнэр хышхуэхэм я уэрыгъуэ зэману щыта, Еуразиэ псом и дунем зэрихъуэкӀыу. Ахэр къызхэкӀар иджыри къыздынэсым хэшъыкӀыгъуэ иӀэкъым, нэхъыбэм гупшысыгъуэ щыӀэр, ар: дыгъэм и нэхур макӀыу шӀыгум зэрнэсамрэ, атмосферэмрэ псырыжэмрэ ишъхъэрэ Атлантикэм зэрзэхуэхъуахэмрэ. Дунер нэхъ шӀыӀэ хъуа, бэуэ зызэрихъуэкӀыу, псыӀэлъэгъуэм уэгъукӀэ зэрихъуэкӀыу. 1300-1309 гъэхэр Еуропэм уэгъу Ӏэуэ екӀуэкӀахэ, 1312-1322 гъэхэр уэшх шӀыӀэхэр къешху икӀахэ мэкъумэшу хъуар ихьауэ.

А зэманым и хъыбар, тхылъ къынэсахэм ягъэлъагъуэ Хъутей хэкум гузэвэгъуэ зэрщэӀахэр, уэгъу ин Янцзырэ Хуайхэрэ я псыхъуэ зэхуакухэм зэрекӀуэкӀар, мацӀэ зэреуар Хонаным, а псом яуж уэшхышхуэхэр, уайэхэр Хъанбалыкъым зэрщэӀахэр, а гузэвэгъуэхэм цӀыхугъашъэ мин 400 ихьа. Псы къиуахэм цӀыху мин 400 хэкӀуэда. Ӏуашъхьэ Цинчоур кӀуэда шӀыхъем яуж, здэщытам дежь машэшхуэ къигъэнауэ. Къушъхьэ Ки Мин Чан-хэр кӀуэдахэ, здэщэӀам дежь машэ ин къагъэнауэ, яужым псыкъум хъужьа (1334 гъэ). Хъутей хэкум гузэвэгъуэхэр 1347 гъэм нэс зэпымыуду екӀуэкӀахэ, цӀыху гашъэ млн 5 яхьауэ.

1333 гъэм Еуропэм къэбэкъауэ Этнар мэгызыр, тхъуэбзащхъуэ пчагъуэм Кипыр нэгъунэ кӀелъафэ. Илъэс зытӀущ ипэу Емынэ фӀыцӀэм, гъэ шӀыӀэ уэшх закӀыу екӀуэкӀахэм лъэхъэнэр кӀэдзэгъуэм зэман хуабэ псыӀэлъэгъу къихьа, 1337 гъэм мацӀэ ин Ӏэй къихьа, япэ Хъутей хэкур зэкӀиштауэ, яужым хомурэ Еуропэм нэсауэ. МацӀэм «унэшъхьэхэр кӀихъума, псынэхэр зэкӀиуа псыр къыкӀэмыщу». 1342 гъэм Фрэнджымрэ Джэрмэнымрэ уэшх-уэсышхуэхэм псыдзэ бжыгъэ ирагъэжьахэ 1343 гъэм нэс екӀуэкӀаху, 1345 гъэм щыкӀэдзауэ «псыпцӀэ Ӏэй» зэманыгъуэр къожьэ, илъэс зытӀущкӀэ екӀуэкӀыр, яужым аргуэрыу Азиэм къикӀа мацӀэм Еуропэр зэкӀештэ. Унэ Ӏэшым уз бжыгъэхэр къахохьэ

ШӀыхъей 1348 гъэм шӀычылэм и 25 къэхъуар Аустрэм и къедзыгъуэ Филаха дежь Скандинавым нэгъунэ нэса, аргуэру мазаем и 2 къэхъея шӀыр, нэхъ Ӏеуэ хэкӀуэдахэр Урымым и ишъхъэрэ къедзыгъуэхэра. 1349 гъэм аргуэру шӀыхъей къэхъуа, Лэхьыйр, Инджылызыр, Ишъхъэрэ Еуропэр джоуэ хэкӀуэдахэ. ШӀыхъехэр 1360 гъэм нэс зэпаудакъым.

Гулъытыгъуэхэр

Last edited 6 years ago by YiFeiBot

Tags:

Емынэ Фӏыцӏэ ТхыдэрЕмынэ Фӏыцӏэ ГулъытыгъуэхэрЕмынэ ФӏыцӏэАзиэАфрикэЕуропэ

🔥 Trending searches on Wiki Адыгэбзэ (Adighabze):

ЛихтэнштейнГомерАмерикэ Штат ЗэгуэтхэрАШЗ-м и долларАбджТайлэндМычгыш къэралХы ФӀыцӀэИталэКъуршпцӀащхъуэРэджэб Тайиб ЭрдогъанАдыгэ РеспубликэУикисурэтылъэКъру лъэпкъырБытырбыхуИндиэШамОкеаниэЩӀупхъхэрФранклин Делано РузвелтЕуропэЗейКувейтАустралиэИракАшокаИнгушейКъазахъстэнГалисиэАфганистэнШоджэнцӀыкӀу Ӏэсхьэд и къуэ АлийЧарлз ДикенсАбазэхэхэрМахуэ Гъэпс (Мазэхэр)Воронеж областКацусика ХокусайДыщАрхентинэБгыфӀыцӀейКъажьыкъЧарли ЧаплинДемократ Джэрмэн РеспубликэЧехиэКъуршкъуацэщӀэжКъуалэбзухэрYouTubeСауд ХьэрыпейХьэпӀацӀэхэрКалуга областВолгоград областИрбид (мухьэфазэ)Япэрей дунейпсо зауэЯрослав областКъущхьэхъукӀыкъырАлександр ПушкинМустафа Кемал АтатюркРафаэл СантиКъалэШапсыгъхэрЧевабзэAutonomous Soviet Socialist RepublicsКъэбэрдей-Балъкъэр🡆 More