Къаукъаз — Еуропэмрэ Азиэмрэ я гъунапкъэм тету, Хы ФӀыцӀэм, Хы МыутӀэм, Хы Каспийм я зэхуакум дэту.
Къаукъаз къушъхьахэм хэт (Къаукъазышхуэм) абы къыбгъэдэлъ шӀыпӀэхэри иубыду: Ишъхъэрэ Къаукъаз (Къаукъазыпэ), Ипшъэ Къаукъаз (КъаукъазкӀыб).
Ишъхъэрэ Къаукъазыр Урысейм хеубыдэ, Курджым икъуэ зытӀущым щымыхъукӀэ.
Ипшъэ Къаукъазыр Азэрбиджаныр, Апхъазыр, Ермэлыp, Ипшъэ Осетиэр, Курджыр джоуэ хеубыдэ.
Нэхъ лъагэ пӀэр — м 5 642 ( Ӏуащхьэмахуэ )
Азэрбиджан ( Нахичеван куей) | Апхъаз |
Хъырцей ( Аджариэ) | Къушъхьа-Карабах республикэ |
Ермэлые | |
Ипшъэ Осетиэ |
Урысейм хиубыдыр:
Адыгэ Республикэ | Къэбэрдей-Балъкъэр |
Дагъыстэн республикэ | Къэрэшей-Шэрджэс |
Ингуш республикэ | Шэшэн республикэ |
Ишъхъэрэ Осетиэ республикэ | Ставропол къэрал |
Краснодар къэрал |
Къаукъазым шӀыуэ иубыдыр мин 440 км², абы шӀыпӀэ хэтхэр: Ишъхърэ Къаукъаз (Къаукъазыпэ), Къаукъазышхуэ, КъаукъазкӀыб губгъуэхэр (Курамрэ Араксымрэ я псыхъуэхэр, Колхидэмрэ джоуэ), Къаукъаз ЦӀыкӀур, Джавахет-Ермэл бгыхэр (я ишъхърэ-къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэр).
Ишъхърэ Къаукъазым и пашъхьэм Ставропол бгыхэр ит (Нэхъ илъагапӀэр Ӏуашъхьа Стрижамент, м 831 хъууэ) Псыжъ-Хы МыутӀэ губгъуэмрэ Тэрч-Гум губгъуэхэмрэ зэхигъэкӀыу. Ишъхъэрэ Къаукъазым Тэрчымрэ Сунжэмрэ я зэхуакум тэрч-джабэхэмрэ сунжэ-джабэхэмрэ дэлъ я зэхуакум Алханчурт къуэр ирикӀу.
Къаукъазышхуэм и къушъхьэ зэхэтыкӀэр мэгуэч КъуэхьапӀэмкӀэ, хомурэ Тэман хы тӀыгуныкъуэм къыщыкӀэдзауэ дэкӀуэурэ Ӏуащхьэмахуэ нэсыху (инэхъ лъагапӀэр — м 5 642). Ӏуашъхьэшхуэ КурытхэмкӀэ (Ӏуащхьэмахуэрэ Къэзбэч Ӏуащхьэрэ я зэхуакум), КъуэкӀыпӀэмкӀэ Къэзбэч Ӏуащхьэ идежь къыщыкӀэдзауэ Апшерон хы тӀыгуныкъуэм нэс ехын кӀидзу. лъэныкъуэр Ӏуашъхьахэм зэву ирокӀуэ, къуэкӀыпӀэмрэ къуэхьапӀэ лъэныкъуэхэмрэ бгъуэуэ макӀуэхэ. Къаукъазышхуэм и Ӏуашъхьэхэм Ишъхъэрэ Къаукъазымрэ Къаукъаз кӀыбымрэ зэхагъэкӀыр я гъунапкъу ирикӀуу.
Къаукъаз лъэпкъхэр гуп щыуэ мэгуэчхэ:
This article uses material from the Wikipedia Адыгэбзэ (Adighabze) article Къаукъаз, which is released under the Creative Commons Attribution-ShareAlike 3.0 license ("CC BY-SA 3.0"); additional terms may apply (view authors). Текстыр уи пащхьэ илъщ лицензэ Creative Commons Attribution/Share-Alike-м теухуауэ, изыныкъуэхэм нэгъуэщI лицензэ иIэнкIи мэхъу. Нэхъ гурIуэгъуэу ухемэ еплъ Къызэрыбгъэсэбэпыным и щыхьэт. «Уикипедиэ» — зарегистрированнэ торговэ маркэ мыкоммерческэ зэIущIэныгъэм «Викимедым и Фонд». Images, videos and audio are available under their respective licenses.
®Wikipedia is a registered trademark of the Wiki Foundation, Inc. Wiki Адыгэбзэ (Adighabze) (DUHOCTRUNGQUOC.VN) is an independent company and has no affiliation with Wiki Foundation.