Филипинхэр (таг.-бз. Republika ng Pilipinas, ин-бз. Republic of the Philippines) — Азиэ ипшъэ къуэкӀыпӀэм щыщ къэрал.
Къалэ нэхъыщъхьэр — Манилэ.
Филипинхэр таг.-бз. Republika ng Pilipinas ин-бз. Republic of the Philippines | |||||
122°03′00″ в. д. / 12.8° с. ш. 122.05° в. д. (G) | |||||
Гоуидзэр: «Maka-Diyos, Makatao, Makakalikasan, at Makabansa» | |||||
Къэрал уэрэд: «Lupang Hinirang» ( едэӀун (info)) | |||||
Щыхалъхьар | 1898 | ||||
Нэхъышъхьэбзэхэр | тагалыбзэ, инджылыбзэ | ||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Манилэ | ||||
Къалэ нэхъ инхэр | Куезон Сыти, Манилэ | ||||
ӀэнатӀэ хабзэр | президент республикэ | ||||
Президентыр | Rodrigo Duterte | ||||
ШӀыпӀэр • Псори • % псым пӀэуэ иубыдыр | 299 764 км² 0,6 | ||||
Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2009) • Ӏувагъыр | 91 983 000 цӀыху (12-нэ) 306 цӀыху/км² | ||||
ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2008) • Зы цӀыхум къытехуэр | $317,964 млрд (36-нэ) $3515 | ||||
Сомыр (Валутэр) | Филипинхэм я песэ (PHP) | ||||
Интернет-доменхэр | .ph | ||||
Телефон кодыр | +63 | ||||
Зэманыгъуэхэр | +8 | ||||
Филипинхэр Уикисурэтылъэм |
Ар Акиан Щэхум хэт хытӀыгу зыбжанэм тетщ. ХъуреягъкӀэ хы зэмылӀэужьыгъуэхэм ялъэс: Хъутей хы ипшъэ, Филипин хы, Сулу хы, Сулавеси хы. А хыхэм узыпхырысыкӀымэ Хъутейм, Тайуаным, Виетнамым, Сиамым, Мэлайзиэм, Сингэпурым, Кэмбоджэм, Индэнезиэм унэсыфынущ. Филипинхэм я къалэ нэхъ ин дыдэр Куезон Сытищ я къалащхьэр Манилэщ. Ахэр Лусон хытӀыгум тетхэщ.
Филипинхэр Акиан Щэхумырэ Индиэ Акианымырэ я зэхуакум дэлъ Мэлай архипелагым хэт хытӀыгу зыбжанэм тетщ. А хытӀугухэм яцӀэр Филипин архипелагщ. ХъуреягъкӀэ хы зэмылӀэужьыгъуэхэм ялъэс: Хъутей хы ипшъэ, Филиппин хы, Сулу хы, Сулавеси хы. А хыхэм узыпхырысыкӀымэ Хъутейм, Тайуаным, Виетнамым, Сиамым, Мэлайзиэм, Сингэпурым, Кэмбоджэм, Индэнезиэм унэсыфынущ. Филипинхэм я къалэ нэхъ ин дыдэр Куезон Сытищ я къалащхьэр Манилэщ. ИщхьэмкӀэ зэрытхамкӀэ а къалэхэр Лусон хытӀыгум тетхэщ.
Филипинхэм и хытӀыгухэм я бжыгъэр миниблырэ щэм щӀегъу. Абыхэм я нэхъ инхэр: Лусон, Миндэнао, Сэмар, Пэнай, Пэлэуан, Негрос, Миндэро, адрейхэри. Филипинхэр кӀыхьагъкӀэ ипщӀэм щыщӀэдзауэ ищхъэрэм нэс килэметрэ 2000-м нос. КъуэкӀыпӀэм щыщӀэдзауэ къуэхьэпӀэм нэс и бгъуагъыр килэметрэ 900-м нос. Ищхъэрэ къуэхьэпӀэмкӀэ Ӏуфэр Хъутей хы ипшъэм елъэс, КъуэкӀыпӀэмкӀэ - Филипин хым, Ипщэ къуэхьэпӀэмкӀэ - Сулу хым, ИпщэмкӀэ - Сулавеси хым. ИщхъэрэмкӀэ Лусон хытӀыгумырэ Тайуан хытӀыгумырэ зыпеху Баши псыдэжым, Ипщэ къуэхьэпӀэмкӀэ Филипинхэм и хытӀыгу Балэбакымырэ Мэлай Банггимырэ псыдэжым зэпехур. ИщхъэрэмкӀи Филипин гъунапкъэр псыдэжым тетщ, ар Индэнезиэм къыпехукӀ. Филипинхэм и Ӏуфэу хъуам я кӀыхьагъыр зэхэплъхьэмэ км мин-36,3-м хуэдиз хъунущ. Езы хытӀыгуу хъуам я щӀыпӀэр км² мин-299,7-м хуэдизщ.
Филипинхэм и лъащӀэр бгы защӀэщ и нахъыбэм. Къей нэхъ лъагэ дыдэр метрэ 2954-рэ зи лъэгагъ къэбэкъауэ Апуощ. Ар Миндэнао хытӀыгум тетщ. Архипелагым и щӀылъэр нэхъыбапӀэм къэбэкъауэ мафӀэпс жам телъщ. Нэхъри а щӀыпӀэхэр щӀылъэм къэӀэтауэ щыт литосферэ плитымырэ хыщӀагъ литэсферэ плитымырэ я зыжьыхэуапӀэм лъос, ар щӀыхъей куэдыу къыщыхъу Акиан Щэху мафӀэбжьэм щыщ щӀыпӀэхэщ. Абы къыхэкӀыу ФилипинхэмкӀэ гъэщӀэгъуэнкъым хытӀыгухэм я нахъыбэр къэбэкъауэхэм къызэригъэщӀар.
Миндэнао хытӀыгум Филипин хым и Ӏуфэм и пэмыжыжьэу нэхъ куу дыдэхэм ящыщ зы хы арахъэ щиӀэщ. Ари литэсферэ плитхэм я зыжьыхэуэгъуэм и ягъэщ. А хы арахъэм ицӀэр Филипин арахъэщ, и кууагъыри метрэ 10830-м хуэдизщ.
Филипинхэм хытӀыгу къэс я псы ежэх цӀэрыӀуэ яӀэщ, псы къэс таурыхъ лъэпкъхэм яусащ. Нэхъ кӀыхь дыдэу Филипин архипелагым псыуэ иӀэхэр:
Гуэл нэхъ инхэр:
Филипинхэм и щӀылъэм иныкъуэм хуэдизыр палмэхэр, баньянхэр, апитонгхэр, маяписхэр, кэучук къызыхах жыгхэр къыщыкӀ тропик мэз псыфхэм яубыд. А мэзхэм абы намыщӀ къыщокӀ архидейэхэр, кэрицэр. Метрэ 1200-м хым теӀэтыкӀа щӀылъэхэм пабжьэхэр къыщокӀ, губгъуэхэр телъщ.
Филипин хытӀыгухэм щыпсэу псэущхьэхэм ящыщщ: щыхьхэр, кхъуэпӀащэхэр, бзу зэмылӀэужьыгъуэ куэд исщ, Ӏуфэпсхэм бдзэжьей хэзщ, абы намыщӀи нэщӀэпкӀи нэгъуэщӀхэри щыкуэдщ.
Филипинхэр - конгресс тӀууащӀэу щыт, хей системэ хуитыу щыт президент республикэщ. Президентыр къызэрыхах пӀалъэм и кӀыхьагъыр илъэсихщ, Сенатыр (пӀэ-24-рэ) - илъэсихщ, Къэзыгъэлъагъуэхэм я Пэлатыри (пӀэ-240) - илъэсищкӀэ.
Ӏыхьэ нахъыщхьэхэр:
Абы намыщӀ пэрламентым хэтщ Ӏыхьэ зыбжанэ. Пэрламентым хэмыт Ӏыхьэхэр - комунист ӀыхьитӀырэ зы "удзыфэ" Ӏыхьэрэ. Зы комунист Ӏыхьэм уӀэщыгъэ дзэхэмкӀэ илъэс 1969-м щыщӀэдзауэ зэгъэпэщащ. А дзэхэм яцӀэр - Жылэ ДзэщӀэ (илъэс 1980-хэм уэрылӀ мин-25-м фӀокӀ, иджыпсту зэманым - миниплӀым нэскъым). Филипинхэм ислъам уӀэщыгъэ гупхэри я лэжьыгъэр щырагъэкӀуэкӀ - хуитынагъэм щхьэкӀэ мэзауэхэ (фронт моро Абу-Сайаф).
Флипинхэр провинс тӀощӀиплӀыу зэхэтщ. Ахэр регион 17-кӀэ угуэшащ. ЗЫбжанэ къалэ хуитхэр провинсхэм хэмытыу щытщ, езыхэм я тхьэмадэгъуэр яӀэу. Провинсхэр муниципэлитетыурэ хыхьэ къалэхэмкӀэ зэхэтщ, муниципалитетхэр ауэ барангаикӀэ зэхэтыжщ.
Етхуанэ лӀэщӀыгъуэм щыщӀэдзауэ иджырей Филипинхэм я щӀыпӀэхэм цивилизацэ щызэхэувакӀэт, лъэпкъ хабзэ зэмылӀэужьыгъуэр и лъабжьэу. ЕгъащӀэ лъандэрэ мыбы щыпсэу лъэпкъхэр (негритхэр, аэтхэр) пасэрей щӀыналъэхэр, мылылъэхэр ялъэкӀыри яужьым къэехъулӀэгъуэр къалъысащ - щӀыпӀэ хуабэхэм, хытӀыгу мэз Ӏувхэм дэтӀысхьахэщ. ИеужькӀэ Хъутейм къикӀыу ТайуанымкӀэ австронезий бзэхэмкӀэ псалъэ лъэпкъхэри дэтӀысхьахэщ мыбдеж. Хъутей дэжыгхэр ейанэ лӀэщӀыгъуэм къэса. Индэ-мэлай псытет пащтыхьейхэм я дамэм щӀэт Филипинхэр ебланэ лӀэщӀыгъуэм Фернан Магеланым еурэпейхэм къахузэӀуихащ. Хьэрыпхэр хытӀыгухэм щытетӀысхьар еплӀынэ лӀэщӀыгъуэщ. Япэ еуропейхэм я къэсыгъуэм ирихьэлӀэу иджырей Манилэм и щӀыпӀэхэм раджахэр щыпщащ. Ахэр абы щыгъуэм Шривиджае пащтыхьейм къуэды иратт. Ауэ абы щыгъуэми Филипинхэр къэрал щхьэхуитыу щытащ, езыхэм я унафэр яӀыжыу.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ хэкумэтхымкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |
This article uses material from the Wikipedia Адыгэбзэ (Adighabze) article Филипинхэр, which is released under the Creative Commons Attribution-ShareAlike 3.0 license ("CC BY-SA 3.0"); additional terms may apply (view authors). Текстыр уи пащхьэ илъщ лицензэ Creative Commons Attribution/Share-Alike-м теухуауэ, изыныкъуэхэм нэгъуэщI лицензэ иIэнкIи мэхъу. Нэхъ гурIуэгъуэу ухемэ еплъ Къызэрыбгъэсэбэпыным и щыхьэт. «Уикипедиэ» — зарегистрированнэ торговэ маркэ мыкоммерческэ зэIущIэныгъэм «Викимедым и Фонд». Images, videos and audio are available under their respective licenses.
®Wikipedia is a registered trademark of the Wiki Foundation, Inc. Wiki Адыгэбзэ (Adighabze) (DUHOCTRUNGQUOC.VN) is an independent company and has no affiliation with Wiki Foundation.