Бланэ

СистематикэУикилӀэужьыгъуэм

?
Бланэ
Бланэ
КъуэкӀыпӀэ-Америкэ Бланэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэ
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэ
ХэкӀ: ШэрыпӀхэ
ХэкӀыгъуэ: ЛъапэтӀуанэхэ
ХэкӀыгъуэ къуэдзэ: ГъэнышкӀухэ
Лъэпкъ: Шъыхьхэ
Лъэпкъыгъуэ: Бланэхэ
ЛӀэужъыгъуэ: Бланэ
Латин цӀэр
Alces alces Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт

Бланэ
Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 180703
NCBI 9852

Бланэ (лат-бз.: Alces alces, ур-бз.: Лось) — къэкӀыгъэшх псэушъхьа, шэрыпӀ, шъыхь лъэпкъым ящыщ.

Аплъэпкъыр

Бланэхъум икӀыхьагъыр м. 3 носыр, илъэгагъыр м. 2, 3, икӀапэр см. 12 - 13, ихьалъагъыр кг. 360 - 600; Урысейм идей КъуэкӀыпӀэ Джыжьэмрэ, Канадáмрэ кг. 900 носхэр. Бланэбзхэр нэхъ цӀыкӀу щытхэ. ИзэфӀэтыкӀэмкӀэ бланэхэр яшъхьащокӀыр пэмыкӀ шъыхьхэм куэдкӀэ. Ипкъымрэ ипшъэмрэ кӀэкӀыу щыт, икӀыбым джабэ тет, лъакъуэхэр кӀыхь Ӏэуэ щыт, абы шъхьакӀэ псы щефэнум идежь псым кууэ хэхьан хуэй иэ лъэгуанджэмышъхьакӀэ увын. Ишъхьар ину щыт, пэшхуэ пыту, Ӏупашъхьар ину, къыпылэлу щыту. Ифэр гъуабджэ-фӀыцӀу щыт, лъакъуэхэр псыфэнэхуэ щыт, хужьым нэхъ хуэкӀу.

Бланэхъухэм ин Ӏэуэ ( иджырей шэрыпӀпсэушъхьахэм я нэхъ ин ) бжъакъуэ ятет, я кӀапэ зэхуакухэм см. 180 дэлъу носыр, я хьалъагъыр кг. 20 - 30. Илъэс къэс бжъакъуэхэр похур шъакӀуэгъуэ - дыгъэгъазэхэм, гъатхэпэ – мэлыжьыхьам бжъакъуэкӀэ къытекӀэн кӀадзэ. Бланэбзхэр бжъакъуэншэ.

Здэпсохэмрэ зэрзэшъхьащыкӀхэмрэ

Бланэр инэхъыбэм мэзхэм щопсоу ШӀыгум и Ишъхъэрэ, нэхъ макӀыу мэзкъуихэм, губгъуэхэм. Еуропэм здэпсохэр: Лэхьыйм, Балтикэ къэралхэм, Чехым, Урысыхум, Хуэхуэлейм, Скандинавхэм, Урысейикум; Азиэм - Ишъхъэрэ Монголым, КъуэкӀыпӀэ Хъутэйм къыщыкӀэдзауэ Ишъхъэрэ Сыбырым нэгъунэ. Ишъхъэрэ Америкэм идей Аласкэм, Канадáм, ишъхъэрэ-къуэкӀыпӀэм нэгъунэ АШЗ-м иштат Колорадом нэгъунэ.

Урысейм щыпсор мин 730 хуэдиз (дунем тетым иныкъуэм хуэдиз), езы дуней псом тетыр милыуан 1, 5 хуэдизу ялъытэ.

Лъэпкъу зэрзэшъхьащыкӀхэр

  • Alces alces alces - Еуропэ Бланэ
  • Alces alces cameloides - Сыбыр Бланэ (Ишъхъэрэ Монголым, КъуэкӀыпӀэ Хъутэйм, Сыбырым щопсоу)
  • Alces alces americana - КъуэкӀыпӀэ-Америкэ Бланэ (Канадáмрэ АШЗ-мрэ щопсо)
  • Alces alces andersoni - КъуэхьапӀэ-Америкэ Бланэ (Канадáмрэ АШЗ-мрэ щопсо)
  • Alces alces shirasi - Ширас Бланэ (АШЗ-м щопсо)
  • Alces alces gigas - Аласкэ Бланэ (АШЗ-м иштат Аласкэм щопсо)
  • Alces alces caucasicus (дунем тетыжьхэкъым) - Къаукъаз Бланэ

Сурэтылъэ

Tags:

Бланэ АплъэпкъырБланэ Здэпсохэмрэ зэрзэшъхьащыкӀхэмрэБланэ СурэтылъэБланэ

🔥 Trending searches on Wiki Адыгэбзэ (Adighabze):

Емынэ фӀыцӀэУрысхэрХьэщУнэбзу хэкӀыгъуэрПолшэИшхъэрэ АмерикэИталэбзэНало ЗаурИвритСыхьэт зонэХы КурытЭскиндарышхуэИспаныбзэКурджыИпшъэ ОсетиэЙорданИнтерстеллэрКроуТыркуейШэджэм (псы)АбдзахИсраилАжэгъуэмэУрысыхуГригорий ЗассХуэхуэлейФарнаваз IБразилэШэрыпӀхэрШэрэджБжэндэхъухэр (къэкӀыгъэ)НапэкӀуэцӀ нэхъыщхьэШуецэЛуксембургИнжыджышхуэХьисэ-МэсыхьЙеменМексикэГималайхэрАфгъанистэнПIырыпIУэгунэбзуШыкӀэпшынэЗейУрысыбзэТбилисиКъру хэкӀыгъуэрПарижУэсмэн империэГъуазджэМэлайзиэФейсбукБажэкӀэ🡆 More