Къуэкӏыпӏэ Гъунэгъу

КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъу (хьэр-бз. شرق أدنى, ивр. המזרח הקרוב, тыр-бз. Orta Doğu) — КъуэхьэпӀэ Азием хэт къэралхэмрэ Мысырымрэ зэреджэ щӀыпӀэращ.

А цӀэр абы КъуэкӀыпӀэ къэралыу Еуропэм нэхъ гъунэгъу зэрыгуэтым щхьэкӀэ фӀащауращ. Нэхъыбэу дэс лъэпкъхэр: хьэрыпхэр, персхэр, тыркухэр, курджыхэр, джуртхэр, азэрбиджанхэр, ермэлыхэр, ассирийхэр. Я нахъыбэм дин зырахьэхэр — ислъам динщ, ауэ КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъум дунейм къэхутащ чыристан диныри иудей диныри. КъуэкӀыпӀэ ГъунэгъумкӀэ йокӀуэкӀ Еуропэм къикӀыу АзиемкӀэ гъуэгу нэхъыщхьэхэр.

Къуэкӏыпӏэ Гъунэгъу
КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъу и шӀыпӀэтхыпхъэ

Дунейм и щытыкӀэр и нэхъыбэ зэманым гъущэщ. Псыхъуэ нэхъ иныу зытӀущ иӀэщ: Еуфратыр, Тигрыр, Нилыр, ахэри губгъуэ щӀэкӀэнымкӀэ ягъэсабэп. Дуней псом нахъыбэ дыдэу щӀы дагъэр къызыщӀах лъэныкъуэщ.

Жылэдэсхэр: хьэрыпхэр, къажэрхэр, тыркухэр, курджыхэр, журтхэр, азэрбиджанхэр, ермэлыхэр, ассирийхэр. Абыхэм я нахъыбапӀэр — мыслымэнхэщ.

Тхыдэ

КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъум и тхыдэм и щӀэдзапӀэр къызыхихыр цӀыхум и япэдыдэ хъыбархэр къыщыхэӀукӀ, и цивилизациер щызыхэзыгъэувэкъудей зэманырщ. А зэманым зэрыщыщӀэдзауэ КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъур иджыри къэс къонэ политикэ, культурэ, экономикэ, дин мыхьэшэшхуэ нэхъ зиӀэ ку. Мы щӀыпӀэм дунейм къытехьащ зороастрыгъэ, иудей дин, чыристан дин, ислъам. А лъаныкъуэм ищӀхэм итахэщ пасэрей къэралыгъуэхэр - Пасэрей Мысыр, Шумер, Пасэрей Ермэл, Къажэр империе, Вавилон, Ассирие, Хьарып хьэлифэт, нагъуэщӀхэри.

Иджырей КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъум и гъунапкъэхэр щызэфӀэувар ЕтӀуанэ Дунейпсо Зауэм и еужь, Уэсмэн Империер къэрал хуит зэмылӀэужьыгъуэу щызэпыкӀам. Абы намыщӀ иджырей тхыдэм политик мыхьэнэшхуэ зиӀэр 1948 гъэм Журт къэралым и зыфӀэувэныгъэрщ.

Дуней псом щӀы дагъэ Ӏыхьэшхуэ зэрыиӀыгъым щхьэкӀэ е-20-нэ лӀэщӀыгъуэм КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъум къылъос мыхьэнэщӀэ ин политик лъэнукъуэкӀи, я экономик зыужьыныгъэмкӀи. 1945 гъэм и еужькӀэ Сауд Хьарыпым, Къажэрым, Кувейтым, Иракум, ХьӀЗ'м щӀы дагъэ къыщӀэхыныгъэм лъэщыу зеужь.

Зауэ ЩӀыӀэм щыгъуэ КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъур АШЗ-мрэ РССЗ-мрэ я зэпэубыдыгъуэ хъуа. Иджыпстум политикэмкэ шӀыпӀэр тэмэму щыткъым. Политикэ проблемэ иджыпсту щыӀэхэр нэхъ япэреуэ ираку зауэ, палестин-исраэл зэпэубыдыгъуэ, ермэлыхэм я геноцид нэхъ ину къапштэмэ КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъ гурыӀуэгъуэр абым иджири хэбгъэхьэфыну - Афганистэнымрэ Пакистэнымрэ я Ӏохур зэрзэхэт политикэмкӀэ, Пакистэнымрэ Индиэмрэ я зэпэубыдыгъуэр Кашмирым шъхьэкӀэ, АШЗ-р Къажэрым теуэфыну зэрыщытыр.

Къэрал хэтхэр

Къуэкӏыпӏэ Гъунэгъу 
КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъу

Абы намыщӀ уэплъ хъунущ

  • КъуэкӀыпӀэ
  • Курыт КъуэкӀыпӀэ
  • КъуэкӀыпӀэ Жыжьэ
  • Магъриб
  • Индэкитай

ТехьэпӀэхэр

Tags:

Къуэкӏыпӏэ Гъунэгъу ТхыдэКъуэкӏыпӏэ Гъунэгъу Къэрал хэтхэрКъуэкӏыпӏэ Гъунэгъу Абы намыщӀ уэплъ хъунущКъуэкӏыпӏэ Гъунэгъу ТехьэпӀэхэрКъуэкӏыпӏэ ГъунэгъуИвритИслъамТыркубзэХьэрыпыбзэ

🔥 Trending searches on Wiki Адыгэбзэ (Adighabze):

ХъунгъарКъуэкӀыпӀэ-Сыбыр ХыМахъшэбзуУилиям ШекспирӨзбек тылАбдзахэбзэФранклин Делано РузвелтИслъамӀузэвБажэкӀэцӀынэМыекъуапэ къедзыгъуэСимпсонхэрБалийМэжарейЭнди УорхолГудаутэ къедзыгъуэАӀуудз-лъэпкъYouTubeХэкумэтхБиологиэ систематикэБразилэСанскритХьисэ-МэсыхьАланхэрДамаск.ilИнюпиакыбзэАнтигуэрэ БарбудэрэБжьэгъалӀэБзуущхъуэнабдзэхуКъэралНидерландхэбзэЩэху ХышхуэШуэцарэУашхэМэзджэдАбджНало ЗаурМэлайзиэЩыӀэцӀэТхьэлӀыкӀуэ МыхьэмэдИщхъэрэ КъаукъазРио-де-ЖанейроЗей🡆 More