СистематикэУикилӀэужьыгъуэм
Уашхэ | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
| ||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Meles meles Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
|
Уашхэ (лат-бз.: Meles meles, ур-бз.: Барсук) — шъакӀуэ псэушъхьа дзыдзэ лъэпкъым ящыщу
ИкӀыфэм икӀыхьагъыр см 60-90 мэхъу, кӀапэм см 20-24, ихьалъагъыр кг 24, бжыхьам, гъуэм игъуэлъхьаным ипэм кг 34 носыр. Иаплъэпкъыр икӀэмкӀэ бгъуэфӀу щыт игупэмкӀэ Ӏузэ хъууэ нэӀу памцӀэм хохьа. Ипшъэр кӀэкӀыу, къыхэмыщу щыт. Илъакъуэхэр кӀэкӀ, къэрууфӀэ, лъэгу псом теувурэ зокӀуэ. Илъэхъуамбэхэм Ӏабжъанэ дзагуэ-кӀыхьхэр пыт шӀыгу къэтӀыным хуегъэпсауэ.
Ицыр шъабэкъым. КӀыбымрэ гъунэхэмрэ фэр гъуэбджафэ-псыфу щыт дыжьыныфэ къыкӀэу, кӀыфэм икӀагъыр къуафӀцӀу щыт. НэӀум илъэныкъуэтӀымкӀэ, пэм къыщыкӀэдзауэ тхьакӀумэхэм нэгъунэ къуафӀцӀу ирокӀуэ.
Еуропэ псом щопсоу (Скандинав хы тӀыгуныкъуэм, Финлэндым, Урысейм ишъхъэрэ лъэныкъуэхэм щымыхъукӀэ) Къаукъазым, Къаукъаз КӀыбым, Крымым, Азиэ ЦӀыкӀум, Азиэ Курытым, Ишъхъэрэ Сыбырым, Курыт Сыбырым, КъуэкӀыпӀэ Джыжьэм и ипшъэмкӀэ, КъуэкӀыпӀэ Китайм, Корей хы тӀыгуныкъуэм, Японым
Псэушъхьа Ӏазэгъу гуэрэхэм абы пэмыкӀыу иджыри зэ къыхагъэкӀы азиэ уашхэ (Meles amurensis)
Здэпсохэр нэхъыбу мэздэгухэм, къушъхьамэзхэм. Ипшъэ лъэныкъуэхэм къум хуэдэхэм, губгъуэхэм щопсоухэ. Гъуэр здишъхэр лъэныкъуэ нэхъ гъушъэхэм, шӀы псы зкӀэмытхэм, ауэ псыхъурейхэм, псыпцӀэхэм ягъунэгъу (км. 1 нэхъыбэ якум дэмылъу), шхын нэхъыбу здигъуэтыфын.
Игъуэхэр кууэ ешъыр пшахъуэ джабэхэм, мэз къуэхэм, псыхъуэхэм ядежь. Уашхэхэм лъэпкъ бжыгъэкӀэ зыр-зым яуж итурэ шӀыпӀэ здетӀысэхахэм, нэхъ ягу ирихьам щысхэ
Зэрыпсор нэхъубе джэщым, сэхьат 5-6 бджэхьашъхьам къыщыкӀэдзауэ, пщэджыжьым сэхьат 8 нэгъунэ
ШхынкӀэ зэхэдз ишъкъым. Дзыгъуэхэр, хьандрыкъуакъуэ, щындрыхъуэ, бзу, бзухэм я джэдыкӀэ, хьапӀацӀэ, цӀыв, псы хьамблухэр, хьамблу, Ӏаргъэбэгу, мэракӀуэ, дэ, удз Ӏамэ ешхыр. Щы шъакӀуэм идей уашхэм дунейр къэкӀухь, жыг уфэрэнкӀахэр зэпиплъыхьу, я фэр къыкӀэритхъурэ хьамблухэмрэ цӀывхэмрэ лъохъуэ. ЗэшъэкӀуэгъуэм уашхэм хьандрыкъуакъуэ 50-70 къыубыдыфыну, шъэ хьаблурэ-цӀыврэ. Ауэ зы махуэм кг 0, 5 фӀэкӀа ишхкъым, бжыхьам идежь шхыным кӀасу зщыритыр, пчэр хъууэ, ишэм шӀымахуэм жеихукӀэрэ иӀыгъу.
Уашхэхэр зэргъуэтмэ гъашъэ псом зэрыкӀыгъу мэпсохэ. Бжыхьахэм идежь зэпыхьан кӀадзэ. Бзыр махуэ 271 псэф (гъэмахуэм зэпыхамэ) махуэ 450 (шӀымахуэ рамэ). Чыру къылъхур 2-6. Еуропэм дыгъэгъазэм малъхуэ, Урысейм гъатхэпэ-мэлыжьыхьым. Махуэ зтущ текӀауэ бзыхэр аргуэру зэпохьахэ. Чырхэм янэхэр махуэ 35-42 къызэтрах, мэзищ щыхъухэм езыхэм шхын къагъуэтын кӀадзэ.
This article uses material from the Wikipedia Адыгэбзэ (Adighabze) article Уашхэ, which is released under the Creative Commons Attribution-ShareAlike 3.0 license ("CC BY-SA 3.0"); additional terms may apply (view authors). Текстыр уи пащхьэ илъщ лицензэ Creative Commons Attribution/Share-Alike-м теухуауэ, изыныкъуэхэм нэгъуэщI лицензэ иIэнкIи мэхъу. Нэхъ гурIуэгъуэу ухемэ еплъ Къызэрыбгъэсэбэпыным и щыхьэт. «Уикипедиэ» — зарегистрированнэ торговэ маркэ мыкоммерческэ зэIущIэныгъэм «Викимедым и Фонд». Images, videos and audio are available under their respective licenses.
®Wikipedia is a registered trademark of the Wiki Foundation, Inc. Wiki Адыгэбзэ (Adighabze) (DUHOCTRUNGQUOC.VN) is an independent company and has no affiliation with Wiki Foundation.