Сэтэней

Сэтэне́й-гуа́щэ, Сэтэна́е-гуа́щэ — нарт хъыбархэм хэт гуащэ, Сосрыкъуэ и анэ, бзылъхугъэ-уд, нарт лъэпкъыр чэнджэшыну къызхокӀуэхэр, жъы мыхъу зи дэхагъэр мыкӀуэд.

Сэтэней
Сэтэней и сын, адыгэ къуаджэ Беер Аджамым, Шам

КъызхэкӀар

Хъыбар бжыгъэхэм зэщымыщу къыхокӀыр Сэтэней къызхэкӀ лъэпкъыр; зымкӀэ Алыджхэ ящыщ, пэмыкӀхэм — Ешъокъуэхэ, Шъауэхужьхэ ящыщу къыхокӀыр.

И анэр Лалыхуэ-гуащэ и адэр Уэзрокъатхъуэ пэмыкӀыу Уэрдэш. ЗдапӀар Къэрдэнхэ я лъэпкъым.

Хъыбар къэӀохугъуэхэр

Сэтэней хъыбар псоми уду хэт, бзылъхугъэ зи дэхагъэ мыкӀуэд, и чэнджэшыгъуэхэмкӀэ нартхэм ху джылэри ягъуэтыжьыр, сани хахыфыр, гъубджэри яшъыр. Сэтэней и псалъэм дыгъэр къегъэувыӀэ, уае къырегъажьэ, псыр къырегъэу.


« ...Дыжьын папыщыр зыпелъхьэ,

И лъэуей кӀэкӀым къоувэ,

Дышъэ джэдыгур

И плӀэ къыредзэ,

Дышъэ бачыр

Ӏэдакъэм кӀэлъу,

ХуалъэпэкӀуакӀыу,

Бажьэ хуэду зигъазу,

Ужьэ хуэду щэбакӀу

Сэтэней гуащэр къыпожьэ...

»

И дэхагъэм димыхьэх Нарт Хэкум щыӀэкъым, хулъхугъу хъуари къохъуапсэр, ауэ Бэдынокъуэ и хъыбарым яуж йохьэ дихьэхыным пылъ къырегъэблагъэ шъауэр унэм, Бэдынокъуэм къидэкъым мыхъумэ.

Сэтэней нарт псоми я анэ. Сосрыкъуи, Ащэмэзи, Щауеи зыпӀыр Сэтэней. Нарт лӀыхъужъхэм къагурымыӀуэ Ӏохугъуэхэр яхузэпкъырызыхыр Сэтэней.

Дунем къыщыхъу, къыщышъэхэми япэ гу лъызытэр ара. Бийхэр Нарт Хэкум къыщытеуэхэкӀэ нартхэр бим ятезгъакӀуэр «нарт анэ» Сэтэней. Лъэпшъ Ӏэдэуадэ шъыкӀэр къыхуэзгъуэтри Сэтэнейщ. Нартхэм санэху яхукӀэзыхури ара.

Сэтэней и шъхьэ закъуэм епхауэ адыгэ нартхэм пчыналъэ хэткъым, ауэ Сэтэней зыхэмыт хъыбари уэрэди ӀуэрыӀуатэм хэткъым.

Зыдэпсо лӀыи, езым къилъхуа быни иӀэкъым.

Сосрыкъуэ бжыгъэрэ доӀэпыкъур и зекӀуэхэм, Тотрэш иукӀа яуж и анэ уд Бырымбыхум къырегъэлыр, Сосрыкъуэ и кӀуэдыкӀэри елъагъур, дэӀэпыкъуну мэгуэӀэжьыр ауэ икъуэр къедэӀукъым.

Хъыбару хъуам Сэтэней жъышъхьэм нэскъым, и гъашъэри иухкъым, зы хъыбар закъуэм къоӀохур Сосрыкъуэ яукӀам и псэр иретри езыр малӀэр.

Сэтэней и цӀэр

ТӀуапс км 18 пэщылъ хьэблэ Олгинкэ дежь псы йожэх зи цӀэр Сэтэнаекъо (урбз. Сатанок)

Псыжъ и пшъэмкӀэ иджырей Къэрэшейкъалэм и гъунэгъу мывэ щылъа, цӀэуэ зэрихьэтэр «Сэтэней и хьэку».

Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэм удз-гъагъэ Сэтэней цӀэ зэрехьэ.

Гулъытыгъуэ

Last edited 6 years ago by YiFeiBot

ТехьэпӀэхэр

Tags:

Сэтэней КъызхэкӀарСэтэней Хъыбар къэӀохугъуэхэрСэтэней и цӀэрСэтэней ГулъытыгъуэСэтэней ТехьэпӀэхэрСэтэнейНартхэр

🔥 Trending searches on Wiki Адыгэбзэ (Adighabze):

ТанзаниэАдакъэБзыикъуэ зауэСербиэYouTubeСловениэЕмынэ фӀыцӀэШамУбынУикисурэтылъэШэджэмПрунжЦейАндалусиэАӀуейгъурцАдыгэ автоном куейАрагонДыхьэрэнДиего ВеласкесСан-МариноДнестырпыт Молдовэ РеспубликэОктавиан АугустШыхулъагъуэКъэбэкъауэЭскиндарышхуэИоганес БрамсИваново областПарсыбзэКъазахъстэнЩомахуэ Амырхъан Къамызэ и къуэрИндиэ ХышхуэЩӀыпӀэ инагъХъутей Жылэ РеспубликэЕлэнИталэВалерия Гай ГерманикаБанэхуКъэзэнокъуэ ЖэбагъыПатагониэБелгиэКъаз теплъэ хэкӀыгъуэрСогъумНэхъышъхьэ мэхьчэмэНэгумэ ШорэЛъакъуапцӀэплъыфэБэхъсэнКӀах АдыгэбзэТэнБзуупцӀэБурчКууалэ-ЛумпурЭспаниэКъырпсыхэуэТаджыкыстэнБалийМонакоАзэрбиджан🡆 More