Псыхэуэхужь

СистематикэУикилӀэужьыгъуэм

?
Псыхэуэхужь
Псыхэуэхужь
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Псыхэуэбзагуэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Псыхэуэ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Псыхэуэхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Псыхэуэхужь
Латин цӀэр
Ardea alba
Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт
    здигъуалъхьэр
    гъэпсом
    щӀымахуэр здырих

Псыхэуэхужь
Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 554135
NCBI 110620

Псыхэуэхужь (лат-бз. Ardea alba) — псыхэуэ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Псыхэуэхужь
Ardea alba melanorhynchos

Теплъэр

Адрей лӀэужьыгъуэхэм къагуокӀ и теплъэ хужьыбзэмрэ зэрыпӀащэмрэкӀэ. Ику иту къешэч ч. 1,5 кӀигъу, дамэ лъэныкъуэм и кӀыхьагъщ см. 43-44. КӀэцӀыгъуэ зэманым псыхэухужьым и пщэдыкъым къыхокӀ хьэгуагуэ мыин, и пщэ щӀагъым — цы кӀыхь зэгуэкӀхэр, дамащхьэхэми — апхуэдэ цы кӀыхьхэр, кӀащхьэм блэкӀыу. Ахэр — агреткэ жыхуаӀэ цы цӀэрыӀуэхэрщ. Пэр, лъакъуэхэр фӀыцӀэщ, нэ хъуреягъыр удзыфэщ.


Здэпсэухэр

Урысейм уеблэмэ, щыбэгъуэжьауэ къалъытэ. Гуп-гупури щхьэхуэ-щхьэхури мэгъуалъхьэ. Абгъуэ щещӀ бгъэн Ӏув кӀырхэм. УащыпэщӀохуэ Ипщэ Еуропэм, Азиэм, Ищхъэрэ, Ипщэ Америкэхэм, Африкэм, Аустралиэм, Зелэнд ЩӀэм я тропик е субтропик лъэныкъуэхэм. Къаукъазым щымащӀэкъым, мэлъэтэж.

Хъумэным и тхыдэр

Агреткэ цыр зыӀэрагъэхьэн папщӀи 19 лӀэщӀыгъуэм псыхэуэхужьхэр гущӀэгъуншэу куэду зэтраукӀащ. Абы папщӀэ гъэщӀэгъуэнкъым, мы къуалэбзу лӀэужьыгъуэр япэм здыщыгъуалъхьэу щыта щӀыпӀэ куэдым зэрыщымыӀэжыр, е мащӀэ дыдэ зэрыхъуар. Е 20 лӀэщӀыгъуэм и 20 гъэхэм мы къуалэбзур хъумэн зэраублам, зэрырамыгъэщакӀуэжым и фӀыгъэкӀэкъэрал куэдым и бжыгъэр къызэрыкӀуэ хъужьащ.

Ӏусыр

Псыхэуэхужьым и Ӏусыр бдзэжьей, псы хьэпщхупщ, пкӀауэ, мацӀэ, шэрыпӀ псэущхьэ жьгъейхэр.


Тхылъхэр

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.

Tags:

Псыхэуэхужь ТеплъэрПсыхэуэхужь ЗдэпсэухэрПсыхэуэхужь ӀусырПсыхэуэхужь ТхылъхэрПсыхэуэхужь

🔥 Trending searches on Wiki Адыгэбзэ (Adighabze):

Ишъхъэрэ МакедониэИнгушейУрысейМиянмэГъуэгупсСыхьэт зонэРундибзэИщхъэрэ КъаукъазЩомыщДжордж Гордон БайронАдыгэ ХэкуУнэ джэдхэрӨзбек тылИпшэ ӀэсетиэХы КурытХьисэ-МэсыхьКъэбэрдей АдыгэбзэРабий Ӏус-саниМыслъымэнхэрПрунжТэрчВаленсиэЛенинград областКорей Лъэпкъ Демократ РеспубликэШуецэУилиям ШекспирХьэ (къэкӀыгъэ)АфинхэрКӀэрей Джылэр Демократ РеспубликэКъэрэшейхэрАлбаныбзэБгъащхъуэЦин ШихуанСимпсонхэрДжэдмышх (псы)ХъунгъарНоруегэбзэАзиэ хывМазэАбазэхэрБажэкӀэцӀынэ🡆 More