Адэжынэ

СистематикэУикилӀэужьыгъуэм

?
Адэжынэ
Адэжынэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Джэдтеплъэхэр
Лъэпкъ: Мэзджэд лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Адэжынэхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Адэжынэ
Латин цӀэр
Perdix perdix Linnaeus, 1758

Адэжынэ
Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 175915
NCBI 9052

Адэжы́нэ (лат-бз. Perdix perdix) — джэдтеплъэ хэкӀыгъуэм хыхьэ, мэзджэд лъэпкъым щыщщ. Жыг щыпытӀысхьэр зэзэмызэ дыдэщ.

Адэжынэ
Perdix perdix

И щӀыбыр щхъуэ-гъуэбжафэщ, фӀыцӀафэ къыщӀэуэу; пщэ гупэр гъуэжьыфэщ, халъащхьэр щхъуэщ, ныбэгу щӀагъым къандесым ещхьу гъуафэ къызытеуэ бжыгъэ хэлъщ. Анэр нэхъ цӀыкӀущ.

Щопсэу Еуропэм, Азиэ ЦӀыкӀум, Къажэрым, нэгъуэщӀ щӀыпӀэхэм. И нэхъыбэм лъэтэжкъым, мэӀэпхъуэ. Урысейм и ищхъэрэ-къуэхьэпӀэ лъэныкъуэхэу уэсыр здэбэм щыӀэхэр ипщэкӀэ къолъатэри щӀымахуэр щырах Ипщэ Хуэхуэлейм, Къаукъазыкум, Курыт Азиэм.

Адэжынэхэм нэхъ бэгъуэгъуафӀэ ди къуалэбзухэм яхэткъым (зэ гъуэлъхьэгъуэр джэдыкӀэ 24-м нос), я бжыгъэм кӀуэ пэтми хощӀ щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къахэкӀыу.

Адрей джэдтеплъэхэм ялъытауэ адэжынэр нэхъ щымащӀэщ Къаукъазыкум. Молэмусэ Хь. зэритхымкӀэ, е 20 лӀэщӀыгъуэм и 50 гъэхэм ар и бжыгъэкӀэ къызэрыкӀуэу щытащ. ИджыкӀэ нэхъ здэплъагъур мэкъумэшымрэ Ӏэшымрэ здэкӀащхьэ къущхьэ лъапэхэрщ — мэкъупӀэхэм, хьэсэпкъхэм, чыцалъэхэм, псыхъуэхэм.

Ӏус нэхъыщхьэр: удз тхьэмпэ, жылэ, гъавэхэкӀ, хьэпщхупщ.

НэмыщӀ цӀэхэр адыгэбзэм

  • Адэджынэ, къацэхэс — беслъэнейхэр зэреджэ;
  • Губгъочэт, ныбгъукӀако — кӀахэ лъэпкъхэр зэреджэ;
  • Губгъуэджэд — къэбэрдей лъэныкъуэм и етӀуанэ еджэкӀэ.

Хабзэм

«Адэжынэм и гъащӀэр Тхьэм уигъэгъэунэху» гъыбзэм къикӀыр: «шынагъуэ зэпымычым ухэмыкӀыу упсэу» жиӀэщ.

Еплъ

  • Адэжынэхэр
  • АдэжынэцӀыкӀу
  • Perdix hodgsoniae


Гулъытыгъуэ

Тхылъхэр

  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.

Tags:

Адэжынэ НэмыщӀ цӀэхэр адыгэбзэмАдэжынэ ХабзэмАдэжынэ ЕплъАдэжынэ ГулъытыгъуэАдэжынэ ТхылъхэрАдэжынэ

🔥 Trending searches on Wiki Адыгэбзэ (Adighabze):

Хъутей Жылэ РеспубликэТитикакэГудаутэ къедзыгъуэХытхьэрыкъуэщхьэфӀыцӀэБиологиэ систематикэЛъэпщ и Уадэ УапӀэАмфибиэхэрАдыгэхэрХуэхуэлейХьисэ-МэсыхьЖьынду лъэпкъыгъуэрӀузэвБабыщыпцӀэныбэхуГъафФрэнджыбзэРумыниэНордкинМахуэ Гъэпс (Мазэхэр)КъазмакъейБылътырыкуКъэрэшей куейИпшэ ӀэсетиэКӀукӀумяу теплъэ хэкӀыгъуэрАтлантикэ ХышхуэӀэвархэрАцтекхэрШыБаренц ХыФранклин Делано РузвелтПатагониэЛев ТолстойСантиагоИпшъэ ОсетиэБританиэшхуэФёдор ДостоевскийАлыджейХэкумэтх кординатхэрКъазплъыфэАлбаныбзэПсышӀоЕмынэ фӀыцӀэЩӀылъэку ХыГомерКроуСэфарАӀуейгъурцАӀуудз-лъэпкъБрюселЧыристэныгъэ🡆 More