Алыджей

Алыджей (ал-бз.

Ελλάδα; и цӀэр псоуэ — Алыджей Республикэ; тхыдэмкӀэ ицӀэр — Ελληνική Δημοκρατία) — Еуропэм и ипщэ-къуэкӀыпӀэм хэт хэку, Бэлкан тӀууащӀэм тету. ИщхъэрэмкӀэ и гъунапкъэр Албаниэ, Македониэм, Балгариэм ядежым ирокӀуэщ, ищхъэрэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ — Тыркум. КъуэкӀыпӀэмкӀэ Хы Эгейр Ӏулъщ, къухьэпӀмкӀэ — Хы Ионэр, ипщэмкӀэ — Хы Курытым. Къэралым езы алыджхэм яцӀэмкӀэ теӀуа. Къалащхьэр — Афинэхэр

Алыджей Республикэ
Ελληνική Δημοκρατία
Алыджей Дэмыгъэ Алыджейм
Алыджейм и нып Алыджейм и дэмыгъэ

23°44′28″ в. д. / 38.301111° с. ш. 23.741111° в. д. (G)

Алыджей
Гоуидзэр: «Ἐλευθερία ἤ Θάνατος (хуитыныгъэ иэ лӀэныгъэ)»
Къэрал уэрэд: «Хуитыныгъэм и уэрэд (Ύμνος εις την Ελευθερία)» (Макъ едэӀун (info))
Нэхъышъхьэбзэхэр алыджыбзэ
Къалэ нэхъышъхьэр Афинхэр
Къалэ нэхъ инхэр Афинхэр, Салоники, Пирей
ӀэнатӀэ хабзэр Парламент Республикэ
Президент
Премиер-Министр
Карлос Папулиас
Ципрас Алексис
ШӀыпӀэр
• Псори
• % псым пӀэуэ иубыдыр
96-нэ дунем
131.957 км²
0, 86
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2010)
• Ӏувагъыр

11.306.183 цӀыху
85 цӀыху/км²
ВКӀуП
  • КъыхэкӀыр (2009)
  • Зы цӀыхум къытехуэр

$344,404 млрд.  (32-нэ)
$30.856
Этнохоронимыр алыдж алыджхэ
Сомыр (Валутэр) Еуро
Интернет-доменхэр .gr иэ .eu
Телефон кодыр ++30
Зэманыгъуэхэр +2; гъэмахуэм +3

КъухьэпӀэ ицивилизациэ здызэфӀэувар, япэре демократ къэралхэр къыздежьар Алыджейращ.

Хэкумэтхыр

Алыджейр Бэлкан тӀууащӀэм и ипщэмрэ Анадолейм къыбгэдэлъ хы тӀыгухэмрэ ящӀыгъуу тет, псори зэхэту км² 131 994 мэхъущ. И гъунапкъэр Албаным, япэре Югэслау Республикэ Македониэм, Балгариэм, Тыркум джоуэ ирокӀуэ. Хы Ӏуфу Курытым, абы хэту: Ионэ, Эгейхэм ягъунэхэр. Крит хы тӀыгум ищхъэрэ Ӏуфэр Хы Ливиим Ӏулъщ. Абы нэмыщӀу Алыджейм минитӀ хы тӀыгу хэт, ар къэралым 20 % щӀыпӀэщ.

Алыджым ищӀыпӀэр щыуэ бгуэш хъунущ, ар:

  • Мэтерикым тет Алыджыр, абы хыхьэ: Македониэ (Флоринэ, Пэллэ), Фракиэ (Родопи, Кавала), Эпир (Теспротиэ, Превезэ), Фесалиэ (Ларисэ, Магнисиэ) Алыджеикур (Фтиотидэ, Фокидэ, Аттикэ). Ионэ хы тӀыгухэри абы хабжэ
  • Пелопоннес — Алыджым и хы тӀыгу нэхъ ин. Еуропэ ицивилизациэм и щӀыналъэр, къыздикӀар аращ, Аркадиэ, Лакониэ, Месиниэ… хэкухэр здэщыӀар абдеж.
  • Хы Эгей и хы тӀыгухэр, абы янэхъ инхэр Крит — Алыджейм и нэхъ ин, Еуропэм 8-рей (8259 км²), Эвбеэ — Критым яуж етӀуанэу (3654 км²).

Администрациэ гуэшыгъуэр

Алыджейр къедзыгъуэ 13 зэхэтщ, ахэр 54 номэ-кӀэ (префектурэ) гуэшащ. Абы нэмыщӀу зы аутоном къедзыгъуэ иӀэщ — Айон-Орос, Афон Ӏуащхьэм игъунэгъу. Ар шоджэн къэрал, ӀэнатӀэр зыӀыгъыр — хасэ, чылисэ 20-кӀым ящыщу.

Алыджейи и администрациэ гуэшыгъуэр
Алыджей 
Алыджейм и къедзыгъуэхэр
  •     1. КъуэкӀыпӀэ Македониэмрэ Фракиэмрэ
  •     2. Курыт Македониэ
  •     3. КъухьэпӀэ Македониэ
  •     4. Фесалиэ
  •     5. Эпир
  •     6. Ион хытӀыгухэр
  •     7. КъухьэпӀэ Алыджей
  •     8. Курыт Алыджей
  •     9. Пелопонес
  •     10. Атика
  •     11. Крит
  •     12. Ипщэ Эгей хытӀыгухэр
  •     13. Ищхъэрэ Эгей хытӀыгухэр

Къалэ нэхъ инхэмрэ, джылэ дэсымрэ

  • Афинэхэр — 745, 514
  • Фесалоники — 363, 987
  • Пирей — 175, 697
  • Патрас — 160, 400
  • Гераклион — 130, 914
  • Перистери — 137, 918
  • Лариса — 124, 394
  • Калифеэ — 109, 609

Лэпкъ дэсхэр

Нэхъ лъэпкъ ин къэралым исыр алыджхэращ — 90 %. Лъэпкъхэр Алыджейм иджыри къыздынэсым динымкӀэ зэрагуэшыр (Уэсмэн империэм и хабзу къэнауэ)

  • Фракымрэ Додикан хы тӀыгухэм дэс мыслъымэнхэр, тыркухэр яхэту — 1 %
  • Помакхэр (болгарыбзэ зезыхьа лъэпкъ мыслъымэн) — 0,3 %
  • Цыджан мыслъымэнхэр — 0,1 %

Этногрэфхэм бзэкӀэ лъэпкъ къыхагъэкӀхэр:

  • Албанхэр — 4 % (арнаутхэр яхэту)
  • Слауаныбзэ зезыхьэ алыджхэр е македон слауанхэр — 1,2 %
  • Аромунхэр — 1,1 % (мегленитхэр яхэту)
  • Чристэн цыджанхэр — 0,8 %
  • Сербхэр — 0,3 %
  • Хьэрыпхэр — 0,3 %
  • Журтхэр — 0,05 %

Tags:

Алыджей ХэкумэтхырАлыджей Администрациэ гуэшыгъуэрАлыджей Къалэ нэхъ инхэмрэ, джылэ дэсымрэАлыджей Лэпкъ дэсхэрАлыджейАлбаниэБалгариэЕуропэРеспубликэ МакедониэТыркуХы Курыт

🔥 Trending searches on Wiki Адыгэбзэ (Adighabze):

УкраинэКърухужьОктавиан АугустЛондонАхъщэ хэхАӀуейКраснодар щӀыгуМэзкууИнюпиакхэрСтокголмКъэбэрдей-шэрдэс газетхэмрэ журналхэмрэ я списокАдыгэхэрЙеменАустриэШынтыку (Щхьэгуащэ)ӀуащхьэмахуэИндиэВалерия Гай ГерманикаКалининград областКострома областКъажэрАмкӀыщШэрджэс къалэУашхэКъумкъанжэАфинхэрУрысей рублИшхъэрэ АмерикэДемократ Джэрмэн РеспубликэБжэнщlэфКъалэ нэхъышъхьэрСанэАпартхейдАдыгэ РеспубликэШэлкъанМахуэ Гъэпс (Мазэхэр)Нахичеван Автоном РеспубликэБзукӀэплъКӀыкъырУзбэчыстэнКъуанщӀэКъуалэбзухэрМурманск областФрэнджыбзэКемал КылычдарогълуЕрмэлыеУрысейМыстафэ Кэмал АтатуркДуней хым и хуэзэгъуэмкӀэ и лъэгагъырИшъхъэрэ АмерикэИнюпиакыбзэДанте АлигиериХыжьэИндустриал револуциэКууалэ-ЛумпурАжэжьбэкъуЦӀыжьдадэщӀыху🡆 More