Къалэ Тэрч

Тэрч (урбз. Терек) — Къэбэрдей-Балъкъэрым хиубыдэ къалэ.

Тэрч къедзыгъуэм и къалащхьэ. 1967 гъэм щыщӀэдзауэ къалэцӀэ зэрехьэр.

Къалэ
Тэрч
Къэрал Урысей
Федерациэм и субъект Къэбэрдей-Балъкъэр
Тэрч куей Тэрч къедзыгъуэ
Кординатхэр 44°08′20″ в. д. / 43.483333° с. ш. 44.138889° в. д. (G) (Я)43°29′00″ с. ш. 44°08′20″ в. д. / 43.483333° с. ш. 44.138889° в. д. (G) (Я)
Тхьэмадэ ГъукӀэпщ Хьэсэн и къуэ Алексей
Щыхалъхьар 1876
Хьэблэ  1967
И инагъыр 0,12 км²
Ӏувагъыр 1 611 км²/цӀыху
Лъэпкъхэр адыгэхэр, урысхэр
динхэр муслым Къалэ Тэрч, чылыстэн
Этнохоронимыр тэрчхэр
Зэманыгъуэр UTC+3
Почтэ индексыр 361 202
Автом и кодыр 07
ОКАТО 83235501000
Тэрч (къалэ) (Урысей)
Къалэ Тэрч
Тэрч (къалэ) (Къэбэрдей-Балъкъэр)
Къалэ Тэрч

Джылу дэсыр — 19 329 (2013 гъэмкӀэ).

ЩӀыпӀэ здэщыӀэр

Тэрч къалэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и дыгъэкъуакӀыпӀэ ӀыхьэмкӀэ щыӀэщ, Тэрчыпсым и ижь лъэныкъуэмкӀэ зыщиухуауэ.

Къалэр республикэм и бгыгъазэ Ӏыхьэм деж тетщ. ЩӀылъэр захуэщ, ауэ дыгъэкъухьэпэмкӀэрэ ишхъэрэкӀэрэ зиӀэтурэ макӀуэ. Ику лъагагъыр 254 метрэкӀэ хы Ӏуфэм къыщхьэщокӀ. Гъэмахуэр хуабэщ, температурэхэр +40°С нэс докӀуей, щӀымахуэр щӀыӀэ-тыӀэщ, температурэр зэзэмызэхэщ -10°С аткӀэ щехыр.

Къалэм гъущӀ-гъуэгу станцэ Мэртэзей иӀэщ.

Теухуауэ

Къалэр къыщаухуар 1876 гъэрауэ ябж, гъущӀ-гъуэгу станцэ Мэртэзейр лажьэн щыщӀрагъэдзам щыгъуэ. Станцэм и цӀэр пэмыжыжэу щыт Мэртэзей къуажэм и фэеплъу фӀащащ. Апщыгъуэм станцэм елэжь цӀыху тӀэкӀурат абы щыпсор. Ауэ хуэм-хуэмуурэ станцэм и хъуреягъ щӀадзащ унагъуэхэм я унэхэр абдежхэм щаухуурэ къетӀысэкӀын.

1920 гъэм Джылэхъстэнейм и унафэщӀхэм я зэхуэс щыӀащ. Зэхуэс нэужым абыхэм мурад ящӀащ стэнцэм къыбгъурыту къуажэщӀэ щаухуну. УнафэщӀхэр зэрызэгурыӀуамкӀэ къуажэщӀэр Джылэхъстэнейм къыхуэнэжа щӀыхэм и къалащхьэ хъун хуейт.

Япэу ахэр хуеят къуажэщӀэми Мэртэзей фӀащын, ауэ апщыгъуэм адыгэ къуажэхэм я цӀэхэр яхъуэжын щӀадзат, ахэм я пщхэм я цӀэ-унэцӀэхэр зэрызэрахьэм щхьэкӀи, къэралым къытеува советхэм хуадакъым абыхэм я гугъэхэр.

Къэрал зауэшхуэ зэманым щыгъуэ къалэ нэмыцэхэм мазиткӀэ яубыдауэ щтащ.

1967 гъэм Тэрч, къалэ статусыр хуагъэфэщащ.

Джылэ дэсхэр

ЦӀыху бжыгъэр
1939 1959 1970 1979 1989 1992 1998 2000 2002 2005 2007 2009 2010 2011 2012 2013
4 500 6 600 10 400 12 300 16 600 17 800 18 500 18 500 20 300 20 100 19 800 19 843 19 170 19 200 19 273 19 329


    Лъэпкъ дэсхэр (2010 гъэ)
Лъэпкъ ЦӀыху бжыгъэр Ӏыхьэр
 %
адыгэхэр 16 400 85,6 %
урысхэр 1 917 10,0 %
Ӏэсетынхэр 219 1,1 %
адрейхэр 634 3,3 %
псори 19 170 100,00 %


    Ныбжь зэхэтыкӀэр (2010 гъэ)
Ныбжьыр ЦӀыху бжыгъэр Ӏыхьэр
 %
0 - 14 3 508 18,3 %
15 - 59 13 100 68,3 %
60-м аткӀэ 2 562 13,4 %
псори 19 170 100,00 %

ЦӀыхухъухэр — 8 758 цӀыхуу (45,7 %), цӀыхубзхэр — 10 412 цӀыхуу (54,3 %)

Дин

Къалэм мэжджытиплӀ дэтщ, ахэм щыщу щыр зэӀухахэщ, еплӀанэр ящӀын яух.

Экономикэр

Къалэм предприятие куэд дэтщ, ӀэнатӀэ зэмылӀэужыгъуэ куэдхэр ягъэзащӀэхэу. Псом нэхъ къэрал псом нэхъ пщӀэ иӀэу дэтыр «Терек-алмаз» предприятиеращ.

ЕджапӀэхэр

Къалэм еджапӀэ куэд иӀэщ, апхуэдэу абы курыт еджапӀиплӀ, зы лицей, зы училищэ, нэхъыщӀэ еджапӀитӀ дэтхэщ. Ахэм нэмыщӀ зы интернат-еджапӀи дэтщ.

Къыщалъхуахэм нэхъ я цӀэрыӀуэхэр

  • Щоджэн Алисагъ и къуэ Хьэчим — Къэбэрдей-Балъкъэрым икум къыщекӀуэкӀхэм и министр
  • Сэхъу Къэзболэт и къуэ Владимир — Урысейм и Къэрал думэм и депутат
  • Аброкъуэ Белостэн и къуэ СултӀан — Налшык къалэм и администрацием и унафэщӀ
  • Вэрокъуэ Владимир и къуэ Хьэлид — ОАО «ОРТК Нальчик» и нэхъыщхьэ

Сурэтхэр

Last edited 6 years ago by YiFeiBot

Tags:

Къалэ Тэрч ЩӀыпӀэ здэщыӀэрКъалэ Тэрч ТеухуауэКъалэ Тэрч Джылэ дэсхэрКъалэ Тэрч ДинКъалэ Тэрч ЭкономикэрКъалэ Тэрч ЕджапӀэхэрКъалэ Тэрч Къыщалъхуахэм нэхъ я цӀэрыӀуэхэрКъалэ Тэрч СурэтхэрКъалэ ТэрчКъэбэрдей-БалъкъэрУрысыбзэ

🔥 Trending searches on Wiki Адыгэбзэ (Adighabze):

Къарс зауэМуниципал къэхъугъэхэрДжэрмэнАӀуудзХьэщомыщПсыхъуэпцӀащхъуэСауд ХьэрыпейСтереометриеКъэрэшей цӀыкӀу къедзыгъуэНало ЗаурНалщӀэчыпсЛаосСэтэнейАндэгурэСантиагоГоуидзэКъэбэрдей АдыгэбзэЕтӀуанэ дунейпсо зауэАдолф ХьитлерТамилыбзэДнестырпыт Молдовэ РеспубликэТайлэндАргуданВаленсиэФрида КалоМахуэ Гъэпс (Мазэхэр)Республикэ Совет Социал ЗэгуэтхэрРабий Ӏус-саниХорхе Луис БорхесӀэщэ (псы)ДыхьэрэнВан-ПисАмерикэ Штат ЗэгуэтхэрХы ФӀыцӀэБуенос АйресКъатарФедерал Джэрмэн РеспубликэМигел СервантесМалтэМарсел ПрустБытырбыхуБабэ (къуапэ)МариуполФредерик ШопенКорей Лъэпкъ Демократ РеспубликэПцӀащхъуэ лъэпкъырПарижМустафа Кемал АтатуркИндиэАрнаутиеКамбоджэХъырцей🡆 More