Беслъэней — Адыгэ Хэкум и зы пщыгъуэщ, кӀахэ лъакъуэхэмрэ Къэбэрдей пщыгъуэмрэ я зэхуакум дэлъа.
Пщыгъуэм и гъунапкъэхэр ищхъэрэмкӀэ Псыжь и ӀуфэмкӀэ ирикӀуэт; ищхъэрэ-къухьэпӀэмкӀэ — КӀэмгуей пщыгъуэм (Мэхуэщ пщыгъуэри хиубыдэу); къухьэпӀэмкӀэ — Абдзахым; ипщэ-къухьэпӀэмкӀэ — Убых пщыгъуэм; ипщэмкӀэ — Азгъэ пщыгъуэм; къуэкӀыпӀэмкӀэ — Къэбэрдей пщыгъуэм (абыми Абазэ пщыгъуэ хиубыдэхэр хэту). Пщыгъуэм и ищхъэрэ лъэныкъуэр хъупӀэкӀэ бэгъуа Басэ губгъуэр хеубыдэ, ипщэмкӀэ — бгылъэ, мэз Ӏуву зэщӀэкӀауэ, Къаукъаз Ӏуащхьэшхуэ тхым нэсу. Псы нэхъ инхэр — Псыжъ, Лабэжъ, Уэрп, Инжыджышхуэ, Хуэдз.
Беслъэней пщыгъуэм и зэфӀэувэкӀыу къэплъытэ хъунур XIII-XIV лӀэщӀыгъуэхэращ. Нэхъыщхьэ лъэпкъу пщыгъуэм щхьэщытар Къанокъуэхэрэ Шолэхъухэрэ Инал и къуэ Беслъэн къытекӀахэр.
Беслъэней пщыгъуэм и жылэм нэхъыбу бжьыгъэкӀэ хиубыдэхэтэр адыгэхэрат (беслъэней лъакъуэр), абыхэм нэмыщӀу абазэхэр: Баг пщыгъуэм, Баракъей пщыгъуэм, Мысылбай пщыгъуэм, Къызылбэч пщыгъуэм, Там пщыгъуэм, Шэджырей пщыгъуэм щыщхэр.
Пщыгъуэм и лъэшыгъуэ зэманым жылу исам и бжыгъэр фӀыуэ гъэунэхуауэ щыткъым адыгэхэми абазэхэми ящыщ, ауэ 1830 гъэм щыщ тхылъым егъэлъагъуэр лъэпкъхэм я бжыгъэр: адыгэхэр (беслъэней лъакъуэм щыщу) — 25, 000; абазэхэр: Баг пщыгъуэм щыщ — 5, 000, Баракъей — 7, 000, Мысылбай — 8, 000, Къызылбэч — 6, 500, Шэджырей — 5, 000. ЗэрыхъумкӀэ 1830 гъэм жылу пщыгъуэм исар 56, 500. Жылъэм и бжыгъэр гу лъытыгъэу зэрехъуэкӀ 1858 гъэм, абым щыщ тхылъым зэригъэлъагъуэмкӀэ адыгэхэм (беслъэнейхэм) я бжыгъэр 5, 115 фӀэкӀа мыхъуу.
Урыс-адыгэ зауэм и щӀэдзэуэм куэд темыкӀауэ Къэбэрдей пщыгъуэм урысыдзэр зэртеуэу Беслъэнейми и «Ӏыхьэ гуащӀэр» лъысащ. 1787 гъэм и фокӀадэ-жэпуэгъуэм Потиомкинымрэ Текелирэ Беслъэней пщыгъуэм теуахэ, абым щыщу япэува адыгэ-абазэ дзэр зэбгыраудри къуажэм я нэхъыбэхэр Уэрп, ИнжыджцӀыкӀу, Инжыджышхуэ я псыхъуэм дэтахэр хагъэкӀуэдащ губгъуи, жыг хади къамыгъанэу псори нафӀэм ирагъэхьащ. Абым папщӀэ 1787 гъэм дыгъэгъазэм и 1-м Потиомкеным хуиӀуохуа II Екатеринэ беслъэнейхэм я нэхъыбэр Уэрп псыхъуэм и сэмырабгъу лъэныкъуэм икӀахэу, къэнэжахэр Къаукъаз губерниэм ирагъэтӀысхьащ.
МынэхъгуащӀэу хъуащ Коцырев зекӀуэ ищӀар Беслъэнейм 1824 гъэм мэкъуауэгъуэм и 18. Уэрпрэ Инжыджхэмрэ я псыхъуэм къыдэнэжа адыгэ-абазэ къуажэхэр Къанокъуэхэ, Дударыкъуэхэ, Кълышхэ яхэр. А зекӀуэм цӀыху 200 хэкӀуэда, 370 яубыда, шыуэ 600, жэм 1200, мэл-бжэн 10000 ирахуащ.
Яужырейуэ, Беслъэней пщыгъуэр хэзгъэкӀуэда хъуар 1828 гъэм и щакӀуэгъуэм Эмануэл генералым зекӀуэ ищӀаращ. Псыжъ икӀри Уэрп и псыхъуэм и ижьырабгъу лъэныкъуэр, Инжыджхэм я псыхъуэр иунэщӀащ, зы цӀыху къыдимынауэ. А и зекӀуэм беслъэней къуажэ 210 хигъэкӀуэдащ.
1859 гъэм, урысыдзэм зыкъырагъэлыным папщӀэ Беслъэней пщыгъуэм щыщу къэнэжа къуажэхэр, Хуэдз и псыхъуэм дэсау урыс ӀэнатӀэгъуэм щӀэхьэну гугъэ ящӀащ, ауэ 1860 гъэм урысей лъэныкъуэм унафэ яхуищӀащ къуажу хъуар къущхьэ-мэз щӀыпэхэм къыдэкӀыу губгъуэм итӀысхьэнэу. Губгъуэм зэрагъэтӀысхьэм папщӀэ жылэм и нэхъыбэр ныкъуакъуэ хъуащ дэкӀын ямыдэу, апщыгъуэм урысхэм унафэу ягъувар е губгъуэм йокӀхэр е Тыркум. 1861 гъэм макъуауэгъуэм и 22 Лихутин пашэр баталионибгъу лъэсыдзэу, 150 къэзакъхэу, эскадронитӀ, топ-Ӏэшэ 14 дэщӀыгъуу беслъэней къуажэхэр къыхъурейхьащ пхырыкӀыпӀэ зы лъэныкъуэмкӀи ямыӀэу. Мэкъуауэгъуэм и 23 къуажу хъуар Каладжинскэ быдапӀэм деж къыдагъэкӀа. Унагъуэ зы бжыгъэ губгъуэм итӀысхьэн зыдахэр Бескорбнэрэ Попутнэрэ станицэ зэхуакум ягъэтӀысахэ, адрейуэ хъуар Прочный ОкопкӀэ Псыжъ и ижьырабгъу лъэныкъуэмкӀэ Темэн нагъэсри аткӀэ Тыркум ирагъэкӀахэщ
This article uses material from the Wikipedia Адыгэбзэ (Adighabze) article Беслъэней пщыгъуэ, which is released under the Creative Commons Attribution-ShareAlike 3.0 license ("CC BY-SA 3.0"); additional terms may apply (view authors). Текстыр уи пащхьэ илъщ лицензэ Creative Commons Attribution/Share-Alike-м теухуауэ, изыныкъуэхэм нэгъуэщI лицензэ иIэнкIи мэхъу. Нэхъ гурIуэгъуэу ухемэ еплъ Къызэрыбгъэсэбэпыным и щыхьэт. «Уикипедиэ» — зарегистрированнэ торговэ маркэ мыкоммерческэ зэIущIэныгъэм «Викимедым и Фонд». Images, videos and audio are available under their respective licenses.
®Wikipedia is a registered trademark of the Wiki Foundation, Inc. Wiki Адыгэбзэ (Adighabze) (DUHOCTRUNGQUOC.VN) is an independent company and has no affiliation with Wiki Foundation.