Хытӏыгухэр Яп

Яп хытӀыгухэр - Хы Щэхум яхэт хытӀыгуейцӀыкӀущ.

ХытӀгуеишхуэм хэт Кэролинэ хытӀыгуейм щыщщ. Микронезием ихытӀыгу къуэхьэпӀэхэм ящыщщ.

Хэкумэтх

Яп хытӀыгухэм щӀыуэ яубыд км² 105,4.

ХытӀыгухэр

Нэхъинхэр:

  • Яп (Yap) — км² 56,15,
  • Гэгил-Тэмил (Gagil-Tomil) — км² 28,82,
  • МаӀап (Maap) — км² 10,64,
  • Румунг (Rumung) — км² 4,30.

НэхъцӀыкӀухэр:

  • Билеегили (Bileegiliy),
  • Бий (Biy),
  • Далмеет (Dilmeet),
  • ФангаӀамат (Fangaamat),
  • Гарим (Garim),
  • Митеатоу (Mitheathow),
  • ПаӀакеал (Paakeal),
  • КаӀелик (Qaelik),
  • Руунгуч (Ruunguch),
  • ТараӀанг (Taraang).

Тхыдэ

ЩӀэныгъэлъхэм къызэрыдагъащӀэмкӀэ, Яп хытӀыгухэр зы уахътэ гуэрым Яп имперэшхуэм и купсэу щытащ. Абы и дамэ щӀэтт хытӀыгубэ (псалъэм папщӀэ Кэролинэ хытӀыгуейр) км 1100-м щӀигъу и кӀыхьагъыу зэкӀэлъыпытыу хым хэтхэу, щхьэж хытӀыгури иерархием и къалэныр игъэзащӀэт. Илъэсым тӀо нэхъыкӀэ хытӀыгухэм ис цӀыхухэр кӀуэти нахъ Ӏэтауэ щыт лъэпкъым и хытӀыгум тыгъэхэр хуашэт, абыхэми зэпамыгэуу нэхъыщхьэжым деж зэхуахьэса тыгъэхэр яшэжт. Псори къыздэнэжтыр Япым тесхэрат.

XVII лӀэщӀыгъуэм Яп хытӀыгухэр чэзуурэ зэӀапэхащ Эспаным, Джэрмэным, Японым. Илъэс 1947—1986-хэм АШЗ'м и дамэ щӀилъхьэжауэ щытащ.

Жылэдэс

Япым дэсщ цӀыху 7391 (илъэс 2000).

Экэномикэ

АШЗ'м идолларым нэмыщӀ Раи'кӀэ зэджэ мывэ жьыгъей, икум гъуанэ хъурей дэудауэ ахъшэу щызокӀуэ хытӀыгухэм. Абыхэм янэхъиндыдэхэр метри-3-м нос диаметрэр, я Ӏувагъыр сантиметрэ-50-м, я хьэлъагъыри тонни-4-ыу.

Гулъытыгъуэхэр


Tags:

Хытӏыгухэр Яп ХэкумэтхХытӏыгухэр Яп ТхыдэХытӏыгухэр Яп ЖылэдэсХытӏыгухэр Яп ЭкэномикэХытӏыгухэр Яп ГулъытыгъуэхэрХытӏыгухэр ЯпХы ТӀыгуей

🔥 Trending searches on Wiki Адыгэбзэ (Adighabze):

Корей Лъэпкъ Демократ РеспубликэШипрагеАдыгем и къэрал уэрэдырРССЗМолдавиэЛагунэМахъшэбзуКъашыргъэщхьэхуКъэрэшей-ШэрджэсМэзкъанжэРеспубликэ КалифорниэАфгъанистэнВэдщхьэфӀыцӀэАдыгэкъалэХы ФӀыцӀэСыр-сырАбу НувасКъазахъстэнЧарлз ДикенсКонтинентАвункулатХъуромэКастильеха-де-ла-КуэстаЛеонардо да ВинчиКъуапэ ГугъэфӀПхъэцӀычХоруатиэКострома областСалвадор ДалиХьэшхъуэбгъэжьФилипинхэрКъажэрейБэрэжьейХы МыутӀэБибэрс НатхъоМигел СервантесФрэнджМэжарейМывэкӀэпысгъуэжьЕуропэГай Юлий ЦезарьФейсбукМыщэYouTubeАстанаИналӨзбек тылПэубыда мазэхэрПабло ПикассоМиянмэПсыхэуэпщагуэШэшэн РеспубликэИндиэ ХышхуэНаполеон IАхъоКъуалэЧэщейПифагор и теоремэКъэрал уэрэдКъэбцӀацӀэКраснодар КъэралДурэшбзу🡆 More