Къанжэ

СистематикэУикилӀэужьыгъуэм

?
Къанжэ
Къанжэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Къуаргъ теплъэ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Къанжэхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Къанжэ
Латин цӀэр
Pica pica
Linnaeus, 1758

Къанжэ
Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 179720
NCBI 34924

Къанжэ, къандж е къанджэ (лат-бз. Pica pica) — къуаргъ теплъэ лъэпкъым хохьэ.

Къанжэ
Pica pica pica

Теплъэр

Къуаргъпщэхум хуэдизынщ. Щхьэр, пщэр, тхыцӀэр, кӀэр — фӀыцӀэщ; ныбэ щӀагъыр — хужьщ; дамэхэм, кӀэм — лыдыфэ къащӀоуэ.

Здэпсэухэр

Еуропэм, Азиэм, Африкэм, Америкэм я Ӏыхьэ нэхъыбэм мылъэтэжу щыӀэщ. Зэгуэгъуу мэпсэу.

Щогъуалъхьэ мэз цӀыкӀухэм я гъунэхэм, жыг хадэхэм, паркхэм, псыхъуэ чыцэ зэщӀэкӀахэм, мэз кусэ ӀэрыгъэкӀхэм, нэгъуэщӀ щӀыпӀэхэми. Мэз Ӏувхэм запыӀуедз.

Шэныр

Абгъуэ щӀын пасэу еублэ. Къизышыр анэм изакъуэщ, апщӀэндэхун хъум ар ехъумэ, шынагъуэ гуэр къыкъуэкӀмэ хъыбар ирегъащӀэ.

Ӏусыр

Ӏусым нэхъыбэу хохьэ хьэпщхупщ, къандрэдзэл, мацӀэ лӀэужьыгъуэхэр, н.къ. Апхуэдэуи Ӏумпэм ящӀкъым дзыгъуэ, джэдыкӀэ, къуалэбзу шыр, унэ джэджьей. ФӀыуэ ялъагъу гъавэ, сэхуран, хъарбыз, хъыуан, удзыжь жылэ. Зэрану къихьым нэхърэ зэрысэбэпыр нэхъыбэ.

ЩӀэнхабзэм

Лъэпкъу хъуам къанжэм теухуауэ псалъэжь, псалъэшэрыуэ, таурыхъ е хъыбар яӀэ, адыгэбзэри абыхэм зэрахэту. Къуажэхь:

  • «Уэсым и хужьыр и хужьщ, кӀэгъуасэм и фӀыцӀэр и фӀыцэщ, удзыфэуи мэлыд, кӀэкӀэныр и щӀасэщ, джэдкъурт гъэшынэщ.»
  • «ХьэщӀапэ бзу, бзуужь кӀэ фӀыцӀэ»

Псалъэшэрыуэ:

  • «Къанжэм нэ шыратым "набдзи" жиӀащ.»


Тхылъхэр

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.

Tags:

Къанжэ ТеплъэрКъанжэ ЗдэпсэухэрКъанжэ ӀусырКъанжэ ЩӀэнхабзэмКъанжэ ТхылъхэрКъанжэ

🔥 Trending searches on Wiki Адыгэбзэ (Adighabze):

Хы МыутӀэЖурт тхыпкъылъэСлоуакэАзгъейАнтон ЧеховКъаргъэжьейЯпонТхьэрыкъуэ лъэпкъырИшъхъэрэ МакедониэСанэАк КарасуСловакиэПсыфэндАлбрехт ДурерИракъФинлэндМыстафэ Къэмал АтатыркТаджыкыстэнНапэкӀуэцӀ нэхъыщхьэПсыджэдАжэгъуэмэРумыниэРембрандтМысырбзуРеспубликэ КосовоСловениэХы КъарсЕжьыгуАӀуейгъурцНыбгъуэЛаосТыгъужъыкъуэ КъызбэчПарсыбзэНыбгъуэбзагуэСуфиигъэТхыпкъылъэВатиканКорбин БлюФолклэнд тӀыгухэрБосниэрэ ГерцеговинэрэРеспубликэ МакедониэШуейцарэОктавиан АугустШуэцарэПортугалыбзэДжэд теплъэ хэкӀыгъуэрНорвегэАдыгэ тренерхэрАмазонэКъазахъыбзэХыбабыщ лъэпкъырГупта империэКубаХъутыбзэЛуксембургНэгумэ ШорэФирфМалтэ🡆 More