Къуажэ жылагъуэ — Урысей Федерациэм и зы муниципал къэхъугъэ тип.
Абы хеубыдэ е зы къуажэ, е къуажэ гуп зы административ щӀыпӀэ зэхагъэхьахэр. Апхуэдэ къэхъугъэхэм я къуажэ унафэщӀ езыхэм къыхахыж яӀэщ, илъэс хэхакӀэ къыхаххэу. Къуажэ тӀысыпӀэхэр муниципал къедзыгъуэхэм хохьэхэр.
Урысей статым 2012 гъэм и пэщӀэдзапӀэм къызэрибжамкӀэ, Урысейм къуажэ тӀысыпӀэу 18 883 иӀащ.
Къуажэ тӀысыпӀэ къажэ зытӀущ зэхиубыдэхэм, зы къуажэ нэхъыщхьэ яӀэщ, а къуажэ я къуажэ тӀысыпӀэм и унафэщӀ унэхэр дэту. Къуажэ тӀысыпӀэ къуажэ куэд зыххьэхэм я гъунэхэр къыхагъэщ, къуажэ абы хэтхэр зэрызэпхам, я пэжыжагъхэм елътауэ.
Къуажэ тӀысыпӀэм дэс цӀыхухэм я бжыгъэхэр зы бжанэм щыщӀэдзауэ 15-20 миным щӀигъухэм нэс нэсынкӀэ хэлъщ.
This article uses material from the Wikipedia Адыгэбзэ (Adighabze) article Къуажэ жылагъуэ, which is released under the Creative Commons Attribution-ShareAlike 3.0 license ("CC BY-SA 3.0"); additional terms may apply (view authors). Текстыр уи пащхьэ илъщ лицензэ Creative Commons Attribution/Share-Alike-м теухуауэ, изыныкъуэхэм нэгъуэщI лицензэ иIэнкIи мэхъу. Нэхъ гурIуэгъуэу ухемэ еплъ Къызэрыбгъэсэбэпыным и щыхьэт. «Уикипедиэ» — зарегистрированнэ торговэ маркэ мыкоммерческэ зэIущIэныгъэм «Викимедым и Фонд». Images, videos and audio are available under their respective licenses.
®Wikipedia is a registered trademark of the Wiki Foundation, Inc. Wiki Адыгэбзэ (Adighabze) (DUHOCTRUNGQUOC.VN) is an independent company and has no affiliation with Wiki Foundation.