Хы

Хы — хышхуэм е щӀыкӀэ е псыщӀагъ ӀуащхьэкӀэ къыгуэгъэщхьэхукӀа, Дуней Хышхуэм и Ӏыхьэ псылъэ.

Дуней Хышхуэм абы нэмыщӀ къыщхьэщокӀ и гидрологикэ, метеорологикэ, климат щытыкӀэхэмкӀэ. Ар къызыхэкӀыр Дуней Хышхуэм и къуэгъэнапӀэ щӀыпӀэхэм зэрыдэтхэращ. Хышхуэхэм ялъытауи хыхэм я псызэхъуэкӀхэр нэхъ хому щытщ..

Хы
Хы

Хыхэр Дуней Хышхуэм епхахэу щытщ. Ауэ псалъэм папщӀэ Хы Къарсым апхуэдэ епха Хышхуэхэм яхуиӀэкъым. Хыхэр икӀи зэщхьэщокӀхэр я флорэхэмрэ фаунэхэмрэ елъытауэ икӀи зы хым нэгъуэщӀ хы хэтуи къэхъункӀэ хэлъщ (псалъэм папщӀэ Эгей хыр хы Курытым хэтщ).

Зэрызэхадз

Хы 
Хым и уэрпхэр къызэрыхъур

Хыхэр я щытыкӀэм елътауэ гупищу яугуэш — кӀуэцӀ хыхэ (щӀыку хыхэмрэ ныкъуэ зэхуэщӀа хыхэмрэ), къуэгъэнапӀэ хыхэ, тӀыгу зэхуаку хыхэ.

КӀуэцӀ хыхэр — материкхэм куууэ дэхьэ хыхэ, хышхуэхэм я пэжыжэу щылъхэу. Апхуэдэ хыхэм я псхэр хышхуэхэм я ейм Ӏейуэ къащхьэщокӀ.

Хышхуэм зэрепхам елътауэ кӀуэцӀ хыхэр зэхедз зэхуэщӀакӀэрэ (Хы Къарс, Арал Хы) ныкъуэ зэхуэщӀакӀэрэ (Балтикэ Хы, Хы МыутӀэ). ЗэхуэщӀа хыхэр иныкъуэхэм псыхъурейуэ ябжхэр.

Абы нэмыщӀ кӀуэцӀ хыхэр яугуэшхэр континент зэхуакум дэт хыхэкӀэрэ, континентым дыхьэ хыхэкӀэрэ.

КӀэух хыхэр — хышхуэхэм хуиту епха хыхэращ. Хышхуэм ахэр къыгуэгъэщхьэхукӀахэщ тӀыгухэмкӀэ е ныкъуэтӀыгухэмкӀэ. Апхуэдэ хыхэм псалъэм папщӀэ хеубыдэ Япон, Кариб, Филиппин хыхэр.

ТӀыгузэхуаку хыхэр — тӀыгукӀэ къэухъуреихьауэ хыхэращ. Апхуэдэ хыхэм я нэхъыбапӀэр Малай архипелаг щӀыпӀэращ здэщыӀэр. Псалъэм папщӀэ Бандэ, Сулавеси, Явэ хыхэр.

ШууагъкӀэ зэраугуэш

Хыхэр я шууагъым елътауэ гупитӀу яугуэш:

Ину шуугъэ — хышхуэм ялътауэ нэхъ шуугъэу щыт хыхэращ. Апхуэдэ хыхэр тропикэ зонэращ здэщыӀэхэр. Псалъэм папщӀэ Хы Плъыжь.

МащӀэу шуугъэ — хышхуэм елътауэ нэхъ мащӀэ шуугъэу щыт хыхэращ. Апхуэдэ хыхэм псы куэд холъадэ, уэшх куэд хошхэ. Абы къыхэкӀыу хыр шууагъэ ягъэхъукъым.

Хы Ӏуфэр зэраугуэш

Хым и Ӏуфэр яугуэш ину дэбзыкӀакӀэрэ мащӀэу дэбзыкӀакӀэрэ. Ауэ псалъэм папщӀэ Саргассэ хым Ӏуфэ иӀыхэкъым.

Нэхъ ин дыдэ хыхэр

No. Хы Псыщхьэм и инагъ
(мин. км²)
1 Филиппин Хы 5726
2 Коралл Хы 4791
3 Хьэрыпей Хы 3862
4 Ипшэ-Хъутей Хы 3500
5 Хы Уедделл 2800
6 Карибэ Хы 2754
7 ЩӀылъэку Хы 2500
8 Тасман Хы 2330
9 Беринг Хы 2260
10 Бенгал Хыжьэ 2172

Хыхэр

Арктикэ Хышхуэ

Хы 
Хы Чукоткэ

Атлантикэ Хышхуэ

Хы 
Ирлэнд Хы
  • Алэнд Хы
  • Архентинэ Хы
  • Архипелаг Хы
  • Балтик Хы
  • Гебрид Хы
  • Гренлэндиэ Хы
  • Ирлэнд Хы
  • Ирмингерэ Хы
  • Ишхъэрэ Хы
    • Хы Уаттэ
  • Карибэ Хы
  • Келт Хы
  • Мрамэр Хы
  • Норуегэ Хы
  • Саргассэ Хы
  • ЩӀылъэку Хы
    • Адриатикэ Хы
    • Алборан Хы
    • Балеар Хы
    • Ионикэ Хы
    • Ливиэ Хы
    • Лигурий Хы
    • Тиррен Хы
    • Хы Кипр
    • Хы Левант
    • Ӏегей Хы
      • Икарий Хы
      • Фракий Хы
      • Хы Крит
  • Хы Баффинэ
  • Хы Лабрадор
  • Хы МыутӀэ
  • Хы ФӀыцӀэ

Щэху Хышхуэ

Хы 
ДыгъэкъуэкӀыпӀэ—Хъутей хы
  • Аки Хы
  • Беринг Хы
  • Бисмарк Хы
  • Бохаи Хы
  • Висаян Хы
  • Ипшэ-Хъутей Хы
  • Камотес Хы
  • Коралл Хы
  • КъуэкӀыпӀэ-Хъутей Хы
  • Минданауэ Хы
  • Селиш Хы
  • Серам Хы
  • Сибуян Хы
  • Соломон Хы
  • Сулавеси Хы
  • Сулу Хы
  • Тасман Хы
  • Тувалу Хы
  • Фиджи Хы
  • Филиппин хы
  • Флорес Хы
  • Халмахерэ Хы
  • Хы Арафурэ
  • Хы Бали
  • Хы Бандэ
  • Хы Гъуэжь
  • Хы Коро
  • Хы Молуккэ
  • Хы Охотск
  • Хы Саву
  • Хы Самар
  • Чили Хы
  • Явэ Хы
  • Япон Хы
  • Япон кӀуэцӀ Хы

Индиэ Хышхуэ

Хы 
Хьэрыпей хы
  • Андаман Хы
  • Хьэрыпей Хы
  • Хы Плъыжь
  • Лаккадив Хы
  • Тимор Хы

Ипшэ Хышхуэ

Хы 
Хы Россэ
  • Амундсен Хы
  • Беллинсгаузен Хы
  • Дейвис Хы
  • Дюрвил Хы
  • Зэгуэтыныгъэм и хы
  • Косманавтхэм я хы
  • Моусон Хы
  • Пэштыхь Хаакон VII Хы
  • Рисер-Ларсен Хы
  • Хы Лазарев
  • Хы Россэ
  • Хы Скотиэ
  • Хы Сомов
  • Хы Уедделл

ЗэхуэщӀа хыхэр

Хыжьэ хыхэм хабжэхэр

  • Бенгал хыжьэ
  • Бискай хыжьэ
  • Гудзон хыжьэ
  • Мексикэ хыжьэ
  • Фарс хыжьэ

Гулъытэгъуэ

Tags:

Хы ЗэрызэхадзХы Нэхъ ин дыдэ хыхэрХы хэрХы ГулъытэгъуэХы

🔥 Trending searches on Wiki Адыгэбзэ (Adighabze):

Яп (хытӀыгухэр)СловениэКъаукъазЗэбгъузэнатӀэИпшэ ӀэсетиэПлӀанэпэЕрмэлыеАӀуудз-лъэпкъЩӀыпӀэ инагъБеслъэнейМонакоТхьэрыкъуэпщэхуТхьэлӀыкӀуэ МыхьэмэдФейсбукШуецэПщылӀыгъуэЩомыщУжьэ кӀэ кӀыхьПалтогаХъутейбзэЛондонФрэнджЛъэпкъ ЗэгуэтхэрСауд ХьэрыпейНидерландхэбзэАдыгэхэм я хьэдагъэ махуэИпшэ ХышхуэПабло ПикассоБахрейнАвункулатХафиз ШиразиЛихтэнштейнТанзаниэИрлэндАбу НувасЕшкуэкуэнУрысыбзэБаренц ХыБрижит БардоАШЪОЩимэЧыристэныгъэКъалмыкъ республикэБэрэгъун ВладимирАӀуудзКъанжэАлыджейМахачкъалэИоган ГётеДзыдзэЛитоуЦӀыжьдадэжьэгъухуКъалмыкъ ЮрийАжэгъуэмэТулэ област🡆 More