Псей

СистематикэУикилӀэужьыгъуэм

?
Псей
Псей
Псей
къэкӀыгъэшъэныгъэмкӀэ сурэтым зэхэхауэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Джылэфэншэхэ
ХэкӀ: Тхьэмпэбанэхэ
ХэкӀыгъуэ: Псейхэ
Лъэпкъ: Псейхэ
Лъэпкъыгъуэ: Псей
Латин цӀэр
Picea A.Dietr.
ЛӀэужьыгъэхэр
тхылъым еплъ

Псей
Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 18033
NCBI 3328

Псей (лат-бз.: Picea, ур-бз.: Ель) — къэкӀыгъэ, жыгхэм ящыщу. ЛъэпӀкъ 35 зэшъхьащокӀхэ, гъэпсом удзыфу щыту, лъагэху (м. 30 нэсу).

Сурэтыр

Я лъабжъэр япэрей илъэс 10-15 занду шӀым хохьа, яужкӀэ шӀышъхьам идекӀэ зэкӀэкӀыу кӀедзэри илъабжъэ япэре-зандэр мэгъужь. Абы хуэду ялъыбжъэр зэрыкӀым шъхькӀэ жьыбгъэшхуэм пэщытыфхэкъым, куэдыр мэукӀурийхэ.

Къудамэхэр кӀагъымкӀэ бгъуэуэ зэкӀокӀхэр, ишъхьамкӀэ зэв хъужьху. ЖыгыпӀкъым занкӀыу къыхэкӀху. Япэрей илэс 3-4 лъэныкъуэ къудамэ къыпыкӀэкъым.

Ифэр псыфу, шашу щыт.

Итхьампэхэр бану мэкӀхэр; кӀэкӀыу, удзыфу, памцӀу щыту. Къудамэм илъэс 6 иэ нэхъыбу тетхэ

Илъэс 250-300 хуэдиз мэкӀыр (мэпсо).

ЛӀэужъыгъэхэр

Нэхъыбу дуней-мэзхэм къэкӀхэм ящыщыр Еуропэ Псей (Picea abies), ишъхъэрэ Еуропэмрэ, курыт Еуропэмрэ къыщыкӀыу, Финлэндиэм, Урысейм и еуропей лъэныкъуэм (ипшъэ тундрэм къыщыкӀэдзауэ Индыл нэгъунэ), яужкӀэ Урал псомрэ Сыбырымрэ хеубыдэри Алтаимрэ Амурымрэ носыр.

Сыбыр Псей (Picea obovata) Урысейм и еуропей лъэныкъуэм Еуропэ Псейм дэкӀыгъу мэкӀыр, ишъхъэрэ-къуэкӀыпӀэ, къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэхэр иубыду. Уралым, КъуэхьапӀэмрэ КъуэкӀыпӀэ Сыбырымрэ.

Къаукъазым къыщыкӀыр Къаукъаз Псей (Picea orientalis), ибанэхэр нэхъ цӀыкӀу щыту адрейхэм елъытамэ.

Псей 
Picea abies

ЛъэпӀкъу хъуар:

  • Picea alcoquiana
  • Picea asperata
  • Picea brachytyla
  • Picea breweriana
  • Picea chihuahuana
  • Picea crassifolia
  • Picea engelmannii
  • Picea glauca
  • Picea glehnii
  • Picea jezoensis
  • Picea koraiensis
  • Picea koyamae
  • Picea laxa
  • Picea likiangensis
  • Picea mariana
  • Picea martinezii
  • Picea maximowiczii
  • Picea meyeri
  • Picea montigena
  • Picea morrisonicola
  • Picea neoveitchii
  • Picea obovata
  • Picea omorika
  • Picea orientalis
  • Picea polita
  • Picea pungens
  • Picea purpurea
  • Picea rubens
  • Picea schrenkiana
  • Picea sitchensis
  • Picea smithiana
  • Picea spinulosa
  • Picea wilsonii

Сурэтылъэ

Псей 

Еуропэ Псей

Псей 

Сыбыр Псей

Псей 

Къаукъаз Псей

Псей 

Picea glauca

Псей 

Picea jezoensis

Псей 

Picea glehnii

Псей 

Picea koyamae

Tags:

🔥 Trending searches on Wiki Адыгэбзэ (Adighabze):

ВатиканМышгычПортугалэЛондонШуецэХоруатиэАстуриэРуандабзэСербиэКъатарУысэрэжъИгбобзэТегеранАтлантикэ ОкеанКӀыкъырТемрыкъуэ МамсрыкъуэНоруегиэНалшыкБенгалыбзэАпартхейдТыркубзэДжэзаирАфрикэАзгъэбзэТамилыбзэТӀуапсыГанс Христиан АндерсенАдыгэхэрФенербахьче С.К.ЩытыкӀэАндэгурэСуфиигъэМифологиэДжэрмэнКемал КылычдарогълуИвритАустрэ империэМахуэ ГъэпсИслъам махуэгъэпсХылъэжьыйШыхулъагъуэАргъеикъуэУрысейАскъэлай (Тыркуей)ИнтерлингуэХы КаспийУэтэБэлутМурманск областХы КъарсУджэ лъэпкъырИшхъэрэ АмерикэАфинхэрИракъКъэбэрдей-шэрдэс газетхэмрэ журналхэмрэ я списокРундибзэСлоуакэПсыгуКъуанщӀэпэплъИшъхъэрэ Америкэ🡆 More