Кӏуэкӏуэ Валерэ

КӀуэкӀуэ Валерэ, Мухьэмэд и къуэ - адыгэ къэрал лэжьакӀуэ цӀэрыӀуэ, КъБР-м и япэ Президент.

КӀуэкӀуэ Валерэ, Мухьэмэд и къуэ
Сурэт
И лэжьыгъэр: къэрал лэжьакӀуэ, КъБР-м и Президент
Къыщыхъуар: 1941 жэпуэгъуэм и 18(1941-10-18)
Къыздэхъуар: Къруукъуэ, КъБР, Урысей
Дунейм щехыжар: 2005 жэпуэгъуэм и 29(2005-10-29) (64 гъ.)
Дунейм здехыжар: Мэзкуу, Урысей
Къэрал зыщыщтэр: РССЗ, Урысей

КъБР-м, УФ-м я политикэ, экономикэ, щэнхабзэ зыужьы­ныгъэхэм хуищӀа хэлъхьэныгъэм къалъыту къыхуагъэфэщащ дамыгъэ лъапӀэ куэд: «Хэкум и пащхьэм щиӀэ фӀыщӀэхэм папщӀэ» орденым и II, III нагъыщэхэр; ГуащӀэдэ­кӀым и Бэракъ Плъыжьым, «ЩӀыхьым и Дамыгъэ», Зэныбжьэгъугъэм, Жэпуэгъуэ Революцэм я орденхэр.

Биографиэ

КӀуэкӀуэ Валерэ 1941 гъэм Къруукъуэ къалэм къыщалъхуащ.

Курыт школыр къиуха нэужь, абы агро­ном ӀэщӀагъэмкӀэ щӀэныгъэ нэ­хъыщхьэ щызригъэгъуэтащ КъБКъУ-м.

1964 гъэм КӀуэ­кӀуэм лэжьэн щыщӀидзащ Бэхъсэн щӀыналъэм щызэхэт «Трудовой горец» колхозым.

1970 гъэм Мэкъумэш хозяйствэм и экономикэмкӀэ Союзпсо щӀэ­ныгъэкъэхутакӀуэ институтым и аспирантурэр Мэзкуу къыщиухри, ар лэжьакӀуэ ирагъэ­блэгъащ КъБАССР-м Мэкъумэш хозяйствэмкӀэ и минис­терствэм и къудамэм и уна­фэщӀу, иужькӀэ «Лэскэн» совхозым и директор ящӀащ.

1974 гъэм къыщыщӀэдзауэ илъэси 9-кӀэ КӀуэкӀуэ Валерэ Аруан куейм и Ӏэтащхьэу лэжьащ.

Къэралыр щытыкӀэ гугъум щихуа 90 гъэхэм ирихьэлӀэу КӀуэкӀуэ Валерэ КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и тхьэмадэт. Республикэм къыщыхъуа зэпэщӀэувэныгъэр игъэупщӀыӀун папщӀэ хэкӀыпӀэхэр къи­гъуэтащ. МазиплӀ нэхъ дэмыкӀыу хахащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и япэ Президенту.

1997 гъэм етӀану, 2002 ещану хахащ КъБР-м и Президенту.

2005 гъэм, жэпуэгъуэм и 29 дунейм ехыжащ.

КӀуэкӀуэ Валерэ пщӀэшхуэ щиӀащ Къэбэрдей-Балъкъэрми Урысей Федерацэми. УФ-м ФедерацэмкӀэ и Советым и УнафэщӀым и къуэдзэу, Къэрал Советым хэту, ар жы­джэру хэлэжьыхьащ мыхьэнэшхуэ зиӀэ Ӏуэхухэр зэфӀэхыным, цӀыхубэм я сэбэп зыхэлъ унафэхэр къэ­щтэным икӀи гъэзэщӀэным.

Унагъуэ

Щхьэгъусэ Виолеттэ, Таубий ипхъу; и къуэ Къэзбэч, и пхъу Лэрисэ.

Гулъытэгъуэ

ТехьэпӀэхэр

Tags:

Кӏуэкӏуэ Валерэ БиографиэКӏуэкӏуэ Валерэ УнагъуэКӏуэкӏуэ Валерэ ГулъытэгъуэКӏуэкӏуэ Валерэ ТехьэпӀэхэрКӏуэкӏуэ ВалерэКъэбэрдей-Балъкъэр

🔥 Trending searches on Wiki Адыгэбзэ (Adighabze):

Азэрбиджаным и хэкумэтхДзыдзэАбхазияФэнэрбахьчэИнгушейЩэху ХышхуэБалъкъэрхэрИндонезиэМыстафэ Кэмал АтатуркГеометриеИндустриал револуциэУэтэМахуэ Гъэпс (Мазэхэр)Лев ТолстойГъуазджэАжэжьбэкъуДжэнетаКъумкъанжэИшхъэрэ АмерикэРэджэб Тайиб ЭрдогъанБалгариэСуахилиКъэхьэуэТыркубзэКострома областКъудс КъалэӀуащхьэмахуэРундибзэЩытыкӀэЕлэнМахуэ ГъэпсБжэнщlэфМазэАтлантикэ ОкеанХы КаспийДнестырпыт Молдовэ РеспубликэЙорданАдэжынэКъуалэбзухэрНенэй автоном округПсэущхьэшххэрСтокголмВоронеж областШелф хыИстамбылКӀыгуугу лъэпкъырКъалэМахатма ГандиТхьэрыкъуэ хэкӀыгъуэрКӀэмпӀалБгырыпхиӀэУрысыбзэYouTubeМонакоНалщӀэчДыщэджэдГуартэ и плъапӀэКалининград областДжэрмэн🡆 More