Берлин (джэр-бз.
Къалэ
|
Япэреуэ Берлиным и хъыбар къыщаӀохур 1244 гъэм. Шпрее псыхъуэм и къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм хэта. ТӀуанэ къалу Берлин хущыта Кёллныр Шпрее и хы тӀыгум тетт. 1307 гъэм къалитӀыр зыуэ зэхагъэхьа.
1415 гъэм курфиурст Фридрих I макрограф хэку Бранденбург хелъхьэ, Берлиныр абым и къалэ нэхъышъхьэ мэхъур.
Зауэ Илъэспшъыщым яуж Берлиным и унэхэм и щанэ фӀэкӀуэда, и джылэм и ныкъуэ хэкӀуэда.
1701 гъэм Берлиныр Прусиэм и къалэ нэхъышъхьэ мэхъур. 1709 гъэм, Берлин къыбгъэдэлъ хьэблэхэр хеубыдэ - Колныр, Фридрихсвердыр, Доротеенштадтыр, Фридрихштадтыр джоуэ.
1760 гъэм Берлыным урызыдзэр дохьэ, граф дзэзэшэ Чернышов З. яшъхьэщыту.
1806 гъэм Берлиныр фрэнджыдзэм яубыд, 1813 аргуэру урысыдзэм.
1871 гъэм Берлиныр Джэрмэн империэ зэгуэтым и къалэ нэхъышъхьэ мэхъур.
ЕтӀуанэ дунейпсо зауэм щыгъуэ къалэр зы къэмыну зэхэкъутат. Къэрал-текӀуахэм я унафэкӀэ — Фрэнджым, Британиэшхуэм, АШЗ-м, РССЗ-м джоуэ, къалэр, Джэрмэным и шӀыпӀэри хуэду, оккупациэм и хэкуиплӀу ягуэча. Америкэ, британиэ, фрэндж хэкухэм КъуэхьэпӀэ Берлин джоуэ зэхагъэхьэ. Советхэм я оккупэциэм къыхэнэр КъуэкӀыпӀэ Берлиныра, яужым ДДжР-м и къалэ нэхъышъхьэ хъуар. 1961 гъэм ДДжР-м и ӀэнатӀэ унафэмкӀэ КъуэхьэпӀэ Берлиным и хъуреягъкӀэ Берлин блын яшъыр, яужым куэдрэ «шӀыӀэ зауэм» и дэмыгъу къэнар. Блыныр щыӀуахыжьар 1989 гъэм.
Джыпсту Берлиныр Джэрмэн зэгуэтым и къалэ нэхъышъхьу щыт, индустиэмкӀэ, шъэныгъэмкӀэ, артымкӀэ къэралыи и пӀэшхуэ иӀыгъу.
Берлиныр лъэпкъ бжыгъэ зэхэс къалу щыт. Джэрмэнхэм щымыхъукӀэ иджыри тыркухэр, япэрей РССЗ-м щыщ лъэпкъхэр, пэмыкӀхэр джоуэ дэс.
Гъэр | Джылэр |
---|---|
1650 | 6 500 |
1750 | 90 000 |
1800 | 72 000 |
1850 | 420 000 |
1900 | 1 890 000 |
1950 | 3 340 000 |
1987 | 3 250 000 |
1997 | 3 425 000 |
2007 | 3 370 000 |
2009 | 3 431 420 |
Хьэуар Берлиным | |||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
Къигъэлъагъуэр | ЩӀыш | Маз | Гъатх | Мэл | Накъ | Мэкъу | Бадз | Шыщхь | ФокӀ | Жэп | ЩакӀу | Дыгъ | Гъэ |
Абсолут максимумыр, °C | −21 | −26 | −16.5 | −6.7 | −2.9 | 0.8 | 5.4 | 4.7 | −0.5 | −9.6 | −16.1 | −20.2 | −26 |
Максимум курытыр, °C | 2.9 | 4.2 | 8.5 | 13.2 | 18.9 | 21.6 | 23.7 | 23.6 | 18.8 | 13.4 | 7.1 | 4.4 | 13.4 |
Температурэ курытыр, °C | 0.6 | 1.0 | 4.7 | 8.3 | 13.9 | 16.8 | 18.8 | 18.6 | 14.6 | 9.6 | 4.9 | 2.0 | 9.5 |
Минимум курытыр, °C | −1.9 | −1.5 | −1.3 | 4.2 | 9.0 | 12.3 | 14.3 | 14.1 | 10.6 | 6.4 | 2.2 | −0.4 | 5.7 |
Абсолут минимумыр, °C | 15.2 | 18.6 | 25.1 | 30.9 | 33.2 | 35.0 | 37.2 | 37.7 | 34.2 | 27.5 | 19.5 | 15.7 | 37.7 |
Къехым я нормэр, мм | 42 | 33 | 41 | 37 | 54 | 69 | 56 | 58 | 45 | 37 | 44 | 55 | 515 |
Къызхэхар: World Weather, Дунемрэ Хьэуамрэ |
АдминистрациэмкӀэ Берлиныр хэку 12 гуэчауэ щыт (джэр-бз. Bezirk ахэр я кӀуэцӀми куейкӀэ гуэчыжьху (джэр-бз. Ortsteil, псори - 95).
Берлин Уикисурэтылъэм? |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ хэкумэтхымкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |
This article uses material from the Wikipedia Адыгэбзэ (Adighabze) article Берлин, which is released under the Creative Commons Attribution-ShareAlike 3.0 license ("CC BY-SA 3.0"); additional terms may apply (view authors). Текстыр уи пащхьэ илъщ лицензэ Creative Commons Attribution/Share-Alike-м теухуауэ, изыныкъуэхэм нэгъуэщI лицензэ иIэнкIи мэхъу. Нэхъ гурIуэгъуэу ухемэ еплъ Къызэрыбгъэсэбэпыным и щыхьэт. «Уикипедиэ» — зарегистрированнэ торговэ маркэ мыкоммерческэ зэIущIэныгъэм «Викимедым и Фонд». Images, videos and audio are available under their respective licenses.
®Wikipedia is a registered trademark of the Wiki Foundation, Inc. Wiki Адыгэбзэ (Adighabze) (DUHOCTRUNGQUOC.VN) is an independent company and has no affiliation with Wiki Foundation.