ӀутӀыж (гр-бз. πάσχα) — чыристэныгъэм и нэхъ пэсырей махуэфӀхэм ящыщ, Аисэ и тэджыжьыгъуэм теухуауэ.
ИджыпстукӀэ махуэфӀыр гъэ къэс махуэ зэщымыщхэм тохуэ, дыгъэгъазэ махуэгъэпсымкӀэ зэрагъэунэхум папщӀэ.
Адыгэ псалъэ ӀутӀыжыр къызэргъэунэхуамкӀэ КӀуэкӀуэхэ я тхылъ «Адыгэ унэцӀэхэр» псалъитӀым къыхокӀыр: Ӏу — жьэ, тэмакъ; тӀ (ыжын) — из щӀын. Бзэхэм я нэхъыбэм махуэфӀым и цӀэр зыщ и лъащӀэмкӀэ (гр-бз. πάσχα, исп-бз. La Pascua, урбз. Пасха), пэсырей журтыбзэм щыщ псалъэ Pesaḥ-м къытекӀахэу, Pesaḥ-р адыгэбзэм зэбдзэкӀмэ и мыхьэнэр блэкӀын е фӀэкӀын (згуэрэм).
ӀутӀыж хабзу хъуар тхьэлъэӀу екӀуэкӀыгъуэхэм зэфӀэува жыпӀэ хъунущ. Абы джэгу теухуа екӀуэкӀхэрами къызхэкӀхэр Бэрэзджышхуэм и иухыгъуэращ. Бэрэзджышхуэр екӀуэкӀыху, Еуропэм и лъэпкъ нэхъыбэхэм джэгу зыри ирагъэкӀуэкӀыртэкъым, псори ӀутӀыжым трагъахуэ хъут.
ӀутӀыжьыр, чыристэныгъэм и нэхъ гулъытыгъуэ махуэфӀ хуэдэу ТхьэлъэӀушхуэ абым теухуауэ ирагъэкӀуэкӀ. Чылисэхэм ижь лъандэрэ тхьэлъэӀур жэщым е нэхущым ирагъэкӀуэкӀыр.
Чыристэныгъэ къэзмыштауэ, ауэ хэхьэным пылъхэр Бэрэзджышхуэр яӀыгъа яуж, ӀутӀыж махуэм джор пщӀэхэлъхьэр ящӀырт.
ТхьэлъэӀум деж нэхъ гулъытыгъуэ зэратыр мафӀэращ. Ар тхьэм и нэхуу ялъытэр чыристэныгъэм. Алыджеймрэ Урысеймрэ я къалэ нэхъ инхэм, тхьэлъэӀур щӀамыдзэ щыкӀэ, мафӀэфӀым йожэхэр, Тхьэбэным и Чылисэм къырахын хуейм. МыфӀэр узыншу къынэсамэ, шоджэнхэм чылисэхэм зэбгырахри ар цӀыху тхьэлэӀум къекӀуэлӀахэм я уэздыгъэхэр а мафӀэмкӀэ щӀагъанэ.
Чылисэр здит хапӀэм деж мафӀэшхуэ ящӀыр. ЗыкӀэ абым и мыхьэнэр уэздыгъэми хуэдэу — лъынэрэ, нэхурэ. Абым нэмыщӀу Джудэ абым щагъэсыным папщӀэ. Абыми нэмыщӀу, а мафӀэм деж чылисэм къыщӀэкӀахэм е абым нэмысахэм загъэхуэбэфыным папщӀэ.
This article uses material from the Wikipedia Адыгэбзэ (Adighabze) article ӀутӀыж, which is released under the Creative Commons Attribution-ShareAlike 3.0 license ("CC BY-SA 3.0"); additional terms may apply (view authors). Текстыр уи пащхьэ илъщ лицензэ Creative Commons Attribution/Share-Alike-м теухуауэ, изыныкъуэхэм нэгъуэщI лицензэ иIэнкIи мэхъу. Нэхъ гурIуэгъуэу ухемэ еплъ Къызэрыбгъэсэбэпыным и щыхьэт. «Уикипедиэ» — зарегистрированнэ торговэ маркэ мыкоммерческэ зэIущIэныгъэм «Викимедым и Фонд». Images, videos and audio are available under their respective licenses.
®Wikipedia is a registered trademark of the Wiki Foundation, Inc. Wiki Адыгэбзэ (Adighabze) (DUHOCTRUNGQUOC.VN) is an independent company and has no affiliation with Wiki Foundation.