Унэ Джэдхэр

Унэ джэдхэр е щагу чэтхэр (лат-бз. Gallus gallus) — джэд хэкӀыгъуэ лӀэужьыгъуэхэу мэкъумэш къуалэбзухэм ящыщ нэхъ гупышхуэщ.

Унэ Джэдхэр

ЦӀэхэр

Адыгэ лъэпкъыр зэщхьэщыдзауэ Ищхъэрэ Къаукъазым и бгылъэ щӀыпӀэм зэрыпсэум папщӀэ, куэду ухуэзэ зы псэущхьэм щӀыпӀэ е къуажэ къэсыху цӀэ щхьэху зэрихьэу, унэ джэдми абым хуэдэу цӀэ бжыгъэм дыхуэзэ:

  • Джэд
  • Гьэд
  • Къэты
  • Къкъэтты
  • Чэты

Тхыдэр

КъызтехъукӀар банкив джэд Ӏэлыращ, Азиэм и ипщэ лъэныкъуэм щыщ щӀыпӀэхэм щыпсэур. Унэм яӀыгъын щыщӀадзар илъэс минищрэ ныкъуэрэкӀэ узэӀэбэкӀыжым хуэдизщ.

ЛӀэужьыгъуэ зэхэгъэкӀыгъэр

Академик Иванов къызэрыхилъхьам тету, я унэтӀыныгъэ елъытакӀэ унэ джэдхэр тхууэ зэщхьэщагъэкӀ: джэдыкӀэ щхьэпэгъуэкӀэ яхъухэр, лыпхъэу ягъашхэхэр, а мурадитӀымкӀи зэхуэдэу къагъэщхьэпэхэр, зэрагъэзэуэну (бэнакӀуэ) яӀыгъхэр, пщӀантӀэ гъэдахэхэр. Нэхъыщхьэр япэрей щыращ. Абы хыхьэ лӀэужьыгъуэхэм (джэд хужьхэм, плъыжьхэм, пщащхъуэхэм, кусэхэм, нэмыщӀ) езыхэм я пкъы гъэпсыкӀэ яӀэжщ, хьэлъагъкӀи, теплъэкӀи зэщхьэщокӀ. Лыпхъэ лӀэужьыгъуэхэр хэпщӀыкӀыу нэхъ уэндэгъущ джэдыкӀэ хьисэпкӀэ яхъухэм нэхърэ. ИджыкӀэ унагъуэхэм джэдкъурт щагъэгъуалъхьэр зэзэмызэщ, нэхъыбэу япӀыр инкубатор джэджьейхэращ. Унэджэд лӀэужьыгъуэхэр зэхэхьэурэ къэхъуащ щӀыпӀэ джэд тумэхэр.

ЛӀэужьыгъуэхэр

Адыгэбзэм гъэунэхуауэ хэт лӀэужьыгъуэхэм я цӀэхэр:

  • Адыгэджэд
  • Джэдхужь
  • Джэдзауэрей
  • Джэдлъэкъыцэ
  • Джэдтумэ
  • ДжэдпщэпцӀанэ
  • Джэдплъыжь
  • Джэдпщатхъуэ
  • ДжэднэӀуцэ
  • Джэдкъашыргъафэ
  • Урысджэд
  • Джэдхьэгуагуэ
  • Джэдхьэгуагуэхужь
  • Джэд-уэгу
  • ДжэдщхьэпӀинэ

Тхылъхэр

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.


Tags:

Унэ Джэдхэр ЦӀэхэрУнэ Джэдхэр ТхыдэрУнэ Джэдхэр ЛӀэужьыгъуэ зэхэгъэкӀыгъэрУнэ Джэдхэр ЛӀэужьыгъуэхэрУнэ Джэдхэр ТхылъхэрУнэ ДжэдхэрЛатиныбзэ

🔥 Trending searches on Wiki Адыгэбзэ (Adighabze):

ТхыпкъылъэКалининград областАдыгэкъалэИндиэСогъумУилиям ШекспирКъатарЛъэпкъ ЗэгуэтхэрЩхьэщФилипинхэрФирфБэхъсэн къедзыгъуэДербентАвункулатЧыристэныгъэКъалмыкъ республикэСэтэнейЩӀэныгъэУрымыбзэНидерландхэбзэКувейтВоронеж областПалтогаЩӀылъабжьэхэрАзиэАлбаныбзэКудэкъуэЩэху ХышхуэБарселонэ (топджэгу)Абу НувасМазэБэхъсэнКӀах АдыгэбзэКюрасауэДаниэШуецэРундибзэГуэхупIэ IуфэЕуропэХьарып Ӏэмирэт ЗэгуэтхэрПщылӀыгъуэСмоленск областЗэлэнщыгуМайкл ДжексонГеометриеХьэрыпыбзэМэзкууЛатин тхыпкъылъэБжэндэхъухэр (къэкӀыгъэ)🡆 More