Нало Заур, Мыхьэмэт и къуэ - адыгэ тхакӀуэ, усакӀуэ, еджагъэшхуэ, жылагъуэ лэжьакӀуэ.
Филологие щӀэныгъэхэм я кандидат, «КъБР-м щӀэныгъэмкӀэ щӀыхь зиӀэ и лэжьакӀуэ», «Абхъаз Республикэм культурэмкӀэ щӀыхь зиӀэ и лэжьакӀуэ» цӀэ лъапӀэхэр зиӀэ, КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я тхьэмадэу щытащ.
Нало Заур, Мыхьэмэт и къуэ | |
Сурэт | |
И лэжьыгъэр: | тхакӀуэ, усакӀуэ, жылагъуэ лэжьакӀуэ |
Къыщыхъуар: | 1928 бадзэуэгъуэм и 15 |
Къыздэхъуар: | Хьэтуей, КъБР, РССЗ |
Дунейм щехыжар: | 2012 бадзэуэгъуэм и 5 (83 гъ.) |
Дунейм здехыжар: | КъБР, Урысей |
Къэрал зыщыщтэр: | РССЗ, Урысей |
Диныр: | Ислъам |
Лъэпкъыр: | Адыгэ |
Нало Заур 1928 гъэм Хьэтуей къуажэ къыщалъхуащ.
1952 гъэм Къэбэрдей пединститутыр къиухри, щригъэджэн щӀидзащ. 1954 гъэм щыщӀэдзауэ КъБР-м щӀэныгъэхутэ иджы гуманитар къэхутэныгъэхэмкӀэ и институтым щылэжьащ.
Усэ тхылъ зыбжанэм, новеллэ тхылъым, повестым, рассказхэм, адыгэ культурэм и тхыдэм пыщӀа къэхутэныгъэ тхылъхэм, статья щхьэхуэ куэдым я авторщ. И усэхэр, нэгъуэщӀ литературэ лэжьыгъэхэр дунйем къытохьэ 1948 гъэ лъандэрэ. Ахэр щызэхуэхьэсащ «Бзухэм я бзэм» (1959), «Аслъэныкъуэ» (1967), «Усэхэр» (1973), «Дыгъэеджэ» (1976) тхылъхэм, нэгъуэщӀхэми.
«Послевоенная кабардинская поэзия», 3.М. Налоев, Нальчик: «Эльбрус», 1970
«Из истории культуры адыгов», 3.М. Налоев, Нальчик: «Эльбрус», 1978
«Культура и быт адыгов. Выпуск III», 3.М. Налоев, Майкоп: АдНИИЭЯЛИ, 1980
«Этюды по истории культуры адыгов», 3.М. Налоев, Нальчик: «Эльбрус», 1985
«Институт джегуако», 3.М. Налоев, Нальчик: ООО «Тетраграф», 2011 (ISBN 978-5-905288-23-4)
This article uses material from the Wikipedia Адыгэбзэ (Adighabze) article Нало Заур, which is released under the Creative Commons Attribution-ShareAlike 3.0 license ("CC BY-SA 3.0"); additional terms may apply (view authors). Текстыр уи пащхьэ илъщ лицензэ Creative Commons Attribution/Share-Alike-м теухуауэ, изыныкъуэхэм нэгъуэщI лицензэ иIэнкIи мэхъу. Нэхъ гурIуэгъуэу ухемэ еплъ Къызэрыбгъэсэбэпыным и щыхьэт. «Уикипедиэ» — зарегистрированнэ торговэ маркэ мыкоммерческэ зэIущIэныгъэм «Викимедым и Фонд». Images, videos and audio are available under their respective licenses.
®Wikipedia is a registered trademark of the Wiki Foundation, Inc. Wiki Адыгэбзэ (Adighabze) (DUHOCTRUNGQUOC.VN) is an independent company and has no affiliation with Wiki Foundation.