Мохандас Карамчанд Ганди е Махатма Ганди (хин.-бз. मोहनदास करमचंद गाँधी) — Индиэм и хуитыныгъэм къыдэшъхэм, къэзгъэжьахэм ящыщт Британиэшхуэм къыхагъэкӀыным шъхьэкӀэ.
Хабзэ "зауэншу" (сатьяграха) еджу къыригъэжьам цӀыхуӀкуэд яуж ихьэт.
Махатма Ганди | |
хин.-бз. मोहनदास करमचंद गाँधी | |
И лэжьыгъэр: | политикэм и лэжьыгъэлӀ, философ |
Къыщыхъуар: | 1869 жэпуэгъуэм и 2[1][3][4][5][7][8][9][10][11][12][13][14][15][16][17] |
Къыздэхъуар: | Порjajaj Гуджарат, Британиэм и Индиэ |
Дунейм щехыжар: | 1948 мазаем и 30[1][3][4][5][7][8][9][10][11][12][14][15][16][17][18] (78 гъ.) |
Дунейм здехыжар: | Ниу Дели, Индиэ |
Къэрал зыщыщтэр: | Индиэ |
ЛъэпкъкӀэ Мохандас кастэ вайшияхэм къахэкӀырт. Я унагъуэм хабзу хъуам амалыншэу пылъхэт, хуабжьу абым и анэ Путлибай щӀэлъыплът. ТхьэлъэӀухэр, бэрэскӀыхэр, вегетарианизм, тхьэтхылъ джыныр — ахэрат Мохандас и щӀэлэгъуэ зэманым зыпылътэр.
Илъэс пщӀыкӀуищ щырикъуам Мохандас и ныбжэгъу пщащэ Кастурбай къырагъэшащ. Я унагъуэм бынипӀлӀ ягъуэта, къуищ, ахэр: Харилал, Манилал, Рамдас, Девдас. И къуэ нэхъыжь Харилалыр унагъуэм иригъэкӀа, и къуэу къимылъытэу, и псэукӀэм папщӀэ — и щӀасэт: фадэ, къэкӀухьын, джэгун, зытӀощ диныр зэрихъуэкӀащ, сифилис къеузу илӀыкӀащ. Адрей и къуэ хъуахэр езыми и лэжьыгъэм пылъхэт.
Илъэс пщӀыкӀуибгъу щырикъуам Мохандас Лондон еджакӀуэ макӀуэр, йуристу къеухри Индиэм къегъэзэжыр 1891 гъэм. Хэгъэгум деж и лэжьыгъэм сэбэпышхуэ къызэрхуимыщӀам папщӀэ 1893 гъэм Мохандас Ипщэ Африкэм йожьэр. Абдежым щӀедзэ индиэхэм я пӀалъэм пылъын. Абдежым дей япэреуэ къегъэщхьэпэр сатияграха (зауэншэ пэщытыныгъэ). И дуней тетыкӀэ-гупшысэгъуэм мыхьэнэ куэд хэзылъхьар тхылъ Бхагавадгита.
Индиэм и хуитыныгъэм щыпылъ зэманыгъуэм Махатма къигъэщхьэпар сатияграха, абым хуэду: индиэ жылэм Британиэ къыраш хьэпшыпхэр къамыщэхуэу, къамгъэщхьэпэу, абым нэхъыбэу Британиэм и хабзэ бжыгъэм ебакъуэхэу, къамылъытэхэу.
Нэхъыщхьэу а лэжьыгъэм къилъытэтэр:
"ЯпэкӀэ укъалъытэкъым, тӀанэ къыпщодэхьэшххэ, яужкӀэ къозауэхэ. ИкӀэм уэ уатокӀуэ."
"Дунейм и инагъыр ирокъур цӀыху къэс зыхуэныкъуэр игъуэтыфын, ауэ цӀыкӀущэ, цӀыхухэм я нэпсеягъэр ирригъэкъун"
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ къэрал цӀэрыӀуэ цӀыхум тепсэлъыхь. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
This article uses material from the Wikipedia Адыгэбзэ (Adighabze) article Махатма Ганди, which is released under the Creative Commons Attribution-ShareAlike 3.0 license ("CC BY-SA 3.0"); additional terms may apply (view authors). Текстыр уи пащхьэ илъщ лицензэ Creative Commons Attribution/Share-Alike-м теухуауэ, изыныкъуэхэм нэгъуэщI лицензэ иIэнкIи мэхъу. Нэхъ гурIуэгъуэу ухемэ еплъ Къызэрыбгъэсэбэпыным и щыхьэт. «Уикипедиэ» — зарегистрированнэ торговэ маркэ мыкоммерческэ зэIущIэныгъэм «Викимедым и Фонд». Images, videos and audio are available under their respective licenses.
®Wikipedia is a registered trademark of the Wiki Foundation, Inc. Wiki Адыгэбзэ (Adighabze) (DUHOCTRUNGQUOC.VN) is an independent company and has no affiliation with Wiki Foundation.