Вынд

СистематикэУикилӀэужьыгъуэм

?
Вынд
Вынд
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэ
ХэкӀ: Бзухэ
ХэкӀыгъуэ: Бзуужьхэ
Лъэпкъ: Вындхэ
Лъэпкъыгъуэ: Вындлъэпкъхэ
ЛӀэужъыгъуэ: Вынд
Латин цӀэр
Corvus corax Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт

Вынд
Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

NCBI {{{1}}}

Вынд (лат-бз.: Corvus corax, ур-бз.: Вoрон) — бзухэм ящыщ, вынд лъэпкъ цӀыкӀум яхэт.

Аплъэпкъыр

Бзуужь лъэпкъм яхэтхэм нэхъ ин. ИкӀыфэм икӀыхьагъыр см. 60 - 65 мэхъур. Хъухэр нэхъ ин бзыхэм нэхърэ, адрей псомкӀэ зэхьчху щытхэ. Хъухэм я дамэм икӀыхьагъыр мм. 410 - 473, бзыхэм мм. 385 - 460. Я хьалъагъыр хъухэм г. 1, 100 - 1560, бзыхэм г. 798 - 1315. Дамэ зэгуэхахэм я бгъуагъыр м. 1, 20 мэхъу.

Я цыр къуагъми вындыжьми ям хуэду зы фэуэ щыт, ауэ вындыжьхэм зэрамыхьчыр я инагъымкӀэ. Я цхэр фӀыцӀу щыт шхъуантӀу иэ удзыфу хэлыдыкӀыу. Чырхэм я цыр псыфэ-кӀынфӀу щыт, мы лыду. Бзу инхэм я цыхэр фӀыцӀэ; яшхьэр, пшъэр дамэхэр джоуэ плъыжьыфу лыду, ныбафэмкӀэ шхъуэнтӀафу лыду. Цы нэгъу лэныкъуэм тетхэм я кӀэхэр памцӀу щытхэ. Пэр памцӀэ къэрууфӀэ, фӀыцӀу щыту. Лъэбжъанэхэр ину щытхэ, гъэчаху. КӀапэр памцӀу щыт, щы лъатэм идежь зэуэ гу лъыпту.

Вындым икъэлэтыхьын шэныр бзу-шъакӀуэхэм нэхъ ехьч адрей вынд лъэпкъ цӀыкӀум ящыщ бзухэм къызэралъэтыхьым нэхърэ.

Здэпсэухэр

Куэду здэпсэухэр Еуропэм, Азиэм, Ишъхъэрэ Америкэм, Ипшъэ Африкэм.

Еуропэм ипшъэлъэныкъуэм Норвегиэм, Шуэциэм, Финлэндым къыщыкӀэдзауэ Урысейм ишъхъэрэ лъэныкъуэр хэту ипшъэмкӀэ макӀкуэ Португалым, Перенейхэм, Урымым, Алыджым икъуэхьапӀэ лъэныкъуэм, Болгарым, Румыным, Хы ФӀыцӀэм и Ӏуфэхэм, Къаукъазым. КъуэкӀыпӀэмкӀэ Курыт, КъуэхьапӀэ Сыбырым Анадырим, Чукот хы тӀыгуныкъуэм, Камчаткэм, Сахалиным, Курил хы тӀыгухэм нэс щопсохэ. ИпшъэмкӀэ: Ипшъэ Африкэм, Аравиэм, Палестиным, Шамым, Къажэрым, Афганистэным, Ишъхъэрэ-Къуэхьапэ Индиэм, Гималайхэм, Тебетымрэ Монголымрэ. КъуэхьапӀэм Кобдомрэ Лоб-Нора нэс щопсохэ. Абы пэмыкӀыу куэду Гренлэндымрэ Ишъхъэрэ Америкэмрэ щопсэухэ.

Япэрей Совет Къэралым ишӀыпӀэхэм здэпсэухэр: ИщхъэрэмкӀэ Колымрэ (ур-бз. Кольский) Кáнин хы тӀыгуныкъуэхэм, Тиман тундрэм, ЩӀыгу КӀэм, Колгу, Чмалым, Таймырым щыпсэухэкъым. Обымрэ Енисеймрэ я псыхъуэхэм гуп мыинхэу долъатэхэр, ауэ щыпсэухэркъым. КъуэкӀыпӀэмкӀэ я щӀыпӀэр Хатангам носыр. ИпщэмкӀэ дэнэ декӀи щырокӀуэ Хы ФӀыцӀэмрэ Къаукъазымрэ нэс, Туркменистаным и къуэщхьэ лъэныкъуэхэм, Къазэхъстаным тыншу иубыд щӀыпӀэхэр псэущхьэ-азэгъуэхэм иджыри загъэщакъым, абы аткӀэ я щӀыпӀэхэр Монголым носыр.

Зэрыпсэухэр

ЩӀымахуэхэм вындхэм цӀыхухэм я гъунэгъуу заӀыгъыр. Езыхэр бзу сакъыурэ щытхэщ, щӀым фӀыуэ тетхэщ, зокӀуэфхэр. Дэлъэтеин щхьэкӀэ япэ щӀыкӀэ тӀэу-щэ мапкӀэри итӀанэ долъэтейхэ. КъагъэщӀыр Ӏэсэхэм илъэс 15-м къыщыщӀэдзауэ 69-м носыр.

Сыт щыгъуи зы щӀыпӀэм ису щытхэкъым. Къаукъазымрэ Туркменистанымрэ къущхьэ лъэныкъуэхэм вындхэм я ныкъуэращ къыдэнэр, илъэс гуэрэхэм зэрызууи къыдэнэ мэхъур. Туркменистаным бын къырача яуж гупху зэхохьахэ, бзуу 40 - 70 хуэдиз хъууэ, нэхъ макӀыу щэм фӀэкӀыу гупу зэхохьахэ. Къэукъазым гъэ щӀыӀэхэм гупхэр ину щыткъым бзууэ 10-12 хуэдизу зэхэтщ. Еуропэ лъэныкъуэм бын къырача яуж вындхэр гуп-гупу мэкуэчхэ бзууэ 3-7 хуэдизу зэхэтхэу.

Яшххэр

Вындхэм шхынкӀэ зэхэдз яшъкъым. Нэхъыбу я шхыныр псэхэлӀэл. Абы пэмыкӀыу бындыр мэшъакӀуэ губгъуэхэм, мэзкъуийхэм, къушъхьахъухэм, хым, псым я Ӏуфэхэм. А къэбжэкӀа шӀыпэхэм вындым къыилъыхъуэхэр псэхэлӀэл (унагъуэ псэушъхьа лӀа: былым, джэд, хьа...) абы пэмыкӀыу: губгъуэ псэушъхьахэр еубыд, джэдыкӀэ абгъуэхэм илъхэр ирех, бзу чырхэр ехь, бжъэжъей, цӀыв Ӏамэ.

Зэрзэпыхьахэр

Вындхэр щызэфӀэувэхэр илъэситӀ щырикъум идежь. Хъурэ бзырэ зэргъуэтахэр зэхэкӀыжьхэкъым. Абгъуэм джэдыкӀэ щырилъхьар мазаем икӀэм идежь. Ирилъхьар джэдыкӀыу 4 -6 хуэдиз. Махуэ махуитӀ дэлъурэ мэкӀэцӀыр. ЕтӀуанэр иэ ещанэр ирилъхьа яуж тесын кӀедзэр. Зэртесыр махуэ 19 - 21. Чырхэр хъуми бзыми япӀыр езыхэм яшхымкӀэ чырхэри ягъашху. Абгъуэ пӀыныр мазэрэ ныкъуэрэкӀэ йокӀуэкӀыр. Лъэтэн кӀадза яуж быныр куэдрэ нэхъыжъхэм ядэкӀыгъу иджыри, бжыхьам икӀэм идежь щызэхэкӀыжьхэр.

Лъэпкъым зэрзэшъхьащыкӀхэр

  • Corvus corax corax - Еуропэ псом (Эспанымрэ Португалымрэ хэмыту) Кърым, Къаукъаз, Къэжэрым (Иран) ипшъэм нэс, КъуэхьапӀэмрэ Ипшъэ Сыбырымрэ
  • Corvus corax varius - Ислэндымрэ Фарер хы тӀыгухэмрэ
  • Corvus corax subcorax- Алыджымрэ, Азиэ Курытымрэ, Хъутэйм икъуэхьапӀэр (Гималайхэр хэмыту)
  • Corvus corax tingitanus - Ишъхъэрэ Африкэр, къуэкӀыпӀэмкӀэ Киренаикимрэ Мерса-Матрухым нэсу, Канар хы тӀыгухэр.
  • Corvus corax tibetanus - Азиэ курыту хъуар (Тыркменистаныр хэмыту), Гималайхэмрэ, Тибетымрэ.
  • Corvus corax kamtschaticus- Сыбырым, Монголым нэсу.
  • Corvus corax principalis - Гренлэндымрэ Ишъхъэрэ Америкэмрэ.
  • Corvus corax sinuatus - Америкэ Штат Зэгуэтхэм икъуэхьапӀэ лъэныкъуэр, Ондурасымрэ Мексикэмрэ (хы тӀыгу къабгъэдэлъхэри хэту).
  • Corvus corax laurencei - Джуртей, Шам, КъуэхьапӀэ Къажэр (Иран), Ипшъэ-КъуэхьапӀэ Индиэ, Азиэ ЦӀыкӀур.
  • Corvus corax hispanus - Исбухьэн, Португал, Балеар хы тӀыгухэр.

Сурэтылъэ

Tags:

Вынд АплъэпкъырВынд ЗдэпсэухэрВынд ЗэрыпсэухэрВынд Лъэпкъым зэрзэшъхьащыкӀхэрВынд СурэтылъэВынд

🔥 Trending searches on Wiki Адыгэбзэ (Adighabze):

МэлайзиэНартсанэЛихтэнштейнСофоклМолдавиэМэхьмэд Акиф ЭрсойХафиз ШиразиСэтэней махуэИпшэ ӀэсетиэУрысыбзэРафаэлФилипинхэрМинболэтJonas Erik AltbergТыркуейСауд ХьэрыпейКъыуУикисурэтылъэХьэшхъуэбгъэжьАӀуудзХы ФӀыцӀэПщадэ (псы)МиянмэКӀах АдыгэбзэЛаосПрунжШуецэЛатвиэКъалэрмэзМонакоЩӀыпӀэ инагъЦӀыжьдадэжьэгъухуПсыхэуэРеспубликэ КосовоКъанжэСловениэДыгъужьТхьэлӀыкӀуэ МыхьэмэдПортугалэПсыкъуаргъ лъэпкъырАзэрбиджанIэсетинхэрЯпонНэгумэ ШорэТулэ областЗиландыщӀэАщтэрхъанАстанаИшхъэрэ ӀэсетиэТӀунэ и кхъуэпсЗэбгъузэнатӀэЛуксембургХэкумэтх кординатхэрТафэСэхарэ🡆 More