СистематикэУикилӀэужьыгъуэм
Псыфэнд | ||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||
| ||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||
Hippopotamus amphibius Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||
|
Псыфэнд е псышъонт (лат-бз. Hippopotamus amphibius) — шэрыпӀ псэущхьэщ, лапэтӀуа хьэкӀыгъуэм щыщщ, кхъуэ теплъэ хэкӀыгъуэ къуэдзэ, псыфэнд лъэпкъщ. Иджырей зэманым щыщ лӀэужьыкъуэ закъуэщ псыфэнд лъэпкъэгъум щыщу дунейм къытенэжа.
Псыфэндыр псэущхьэ цӀэрыӀу щыт щхьэкӀэ, и псэукӀэ-дунейтетыкӀэр фӀыуэ гъуэнэхуауэ щыткъым. Абым хуэдэу, и псэукӀэр, шэныр, нэмыщӀ псэущхьэхэм генкӀэ зэрапыщӀар, Ӏэплъэпкъ щытыкӀэр мащӀэу щӀэныгъэкӀэ гъэпсауэ щытщ. НэхъыбэкӀэ ар къызхэкӀыр псыфэндхэм я щӀэлъыплъыныр гугъу зэрщытыращ, махуэм и нэхъыбэ зэманыр псым хэсу ягъакӀуэ. Абым хуэдуи иджыри къыздынэсым фӀыуэ къэгъэунэхуауэ щыткъым псыфэндым и эволуциэм и тхыдэр, дауэ щымытми, ящӀэщ зэман куэд дыдэ дэмыкӀауэ, эволуциэмкӀэ къэлъытамэ, Африкэм зэдэпсэуауэ щытащ псыфэнд лӀэужьыгъуэ зы бжьыгъэ. Иджыпсту Африкэм, псыфэндым щымыхъукӀэ, мащӀэу къэнэжауэ щопсэу зы лӀэужьыгъуэ , лъэпкъыгъуэ псыфэнджьейхэм ящыщу Choeropsis liberiensis
ШэнкӀэ псыфэндыр бзаджэ дыдэщ. Псыфэнд хъуитӀ щызэзауэм деж, и нэхъыбэм зыр хуокӀуадэр. ЦӀыхум щытеуэри куэдщ. Псыфэндыр Африкэм и псэущхьэ нэхъ щынагъуэ дыдэу щытщ, абым и ӀэщӀагъэу цӀыху нэхъыбэ хуокӀуадэ илъэс къэс, хьэщхэм, хывхэм, щомыщхэм яӀэщӀэкӀуадэм елъытамэ.
Псыфэндыр и теплъэкӀэ къэщӀэгъуафӀэщ. И пкъыр фэндышхуэ гъэпщам хуэдэу щытщ, лъэ кӀэщӀ гъумхэм тету. И лъакъуэхэр апхуэдизымкӀэ кӀэщӀщи, щызекӀуэм деж и ныбэр щӀым щилъэфыхь жыпӀэ хъунущ. И щхьэр иныжьщ, и бгъумкӀэ уӀуплъэмэ плӀимафэу щыту, и хьэлъагъкӀэ и Ӏэплъэпкъым и еплӀанэ Ӏыхьэ хуэдизщ, ч. 900 нэсу. Пэгъуанэхэр, нэхэр, тхьэкӀумэхэр, хуэӀэтауэ зэхуэзэху щытхэщ, абым папщӀэ псыфэндыр мэбауэ, маплъэ, мэдаӀуэ псым къыхэмыкӀыу, и щхьэшыгу къыхих къуэдеуэ. И пщэр кӀэщӀ дыдэщ, иӀэкъым жыпӀэ хъунэу. Нэхэр цӀыкӀущ, напӀэ Ӏувхэр я хъуреягъкӀэ къекӀуэкӀыу. И пэгъуанэхэр бгъуэщ, дэгъэзеяуэ щытху, быду зызэтрапӀэфӀ лыпцӀэ лъэш зэрахэлъым папщӀэ. ТхьэкӀумэхэр цӀыкӀущ, нэжэгужэщ. Псыфэнд псым хэсыр сыт щыгъуи и тхьэкӀумэхэр егъэджэгу гъудэ-бадзэхэр е бзухэр, и щхьэшыгум тетӀысхьэхэр триху.
Псыфэндым и нэӀур бгъуэщ, и гупӀэкӀэ Ӏув пащӀэхэр тету. Жьэбгъум и бгъуагъыр см 60-70 хуэдиз мэхъущ. И жьэр гу лъытыгъуэу ину зэтрехыфыр, градус 150 хуэдизу. И лъапэхэм лъпхъуамбиплӀу япытщ, псори лъабжьэ теплъу иуху. Лъэпхъуамбэ зэхуакухэм фэ ядэтщ, есыным къыдэӀэпыкъу. ЩӀым е псыпцӀэм тету псэущхьэм къыщикӀухьым деж, и лъэхъуамбэхэр зэгуокӀри я зэхуакум дэт фэр зэщӀэкӀаш, абым папщӀэ и лъэм фӀыуэ тетщ, ятӀэгъуэм хэмыфахъуэу. И кӀэр кӀэщӀщ, теплъэ зэхуэмызагъэ иӀэу, и къыхэкӀыпӀэм деж хъуреуэ, кӀапэм деж хуэкӀурэ пӀащӀэ хъууэ, апхуэдэ кӀэр къедзэщхьэпэщ и вэнвейр зэбгыридзыным папщӀэ, абым мыхьэнэ хэлъщ нэмыщӀ псыфэндхэм зыкъаригъэщӀэным щхьэкӀэ.
Псыфэндыр иджырей псэущхьэ щыӀэхэм я нэхъ индыдэхэм ящыщщ. Псэущхьэ т. 3 къэзышэч кудщ къахэкӀыр, къэӀуохугъуэ бжыгъи щыӀэщ псэущхьэ зи хьэлъагъхэр т. 4,5 щӀыгъу. Нэхъ хьэлъэдыдэу щытахэм я хъыбархэр заху щыткъым, згуэрэм къызэрыхэкӀымкӀэ ч. 4, 064 мэхъур, нэмыщӀхэм къызэрыхэкӀыр ч. 4, 500. Псыфэндым и лъэгагъыр м 1, 65 носщ. Псэущхьэ зэфӀэувам и кӀыхьагъыр м. 3 щӀогъур, м. 5,4 щынэси щыӀэщ. КӀэм и кӀыхьагъыр см 56. ЗэрыхъумкӀэ псыфэндыр пэбжьэхужым поуэр и хьэлъагъкӀэ етӀуанэ пэмкӀэ, нэхъ хьэлъэдыдэ псэущхьу щыӀэхэм дунейм.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ зоологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
This article uses material from the Wikipedia Адыгэбзэ (Adighabze) article Псыфэнд, which is released under the Creative Commons Attribution-ShareAlike 3.0 license ("CC BY-SA 3.0"); additional terms may apply (view authors). Текстыр уи пащхьэ илъщ лицензэ Creative Commons Attribution/Share-Alike-м теухуауэ, изыныкъуэхэм нэгъуэщI лицензэ иIэнкIи мэхъу. Нэхъ гурIуэгъуэу ухемэ еплъ Къызэрыбгъэсэбэпыным и щыхьэт. «Уикипедиэ» — зарегистрированнэ торговэ маркэ мыкоммерческэ зэIущIэныгъэм «Викимедым и Фонд». Images, videos and audio are available under their respective licenses.
®Wikipedia is a registered trademark of the Wiki Foundation, Inc. Wiki Адыгэбзэ (Adighabze) (DUHOCTRUNGQUOC.VN) is an independent company and has no affiliation with Wiki Foundation.