Адыгэ Нып (Адыгэ бракъ, Адыгэ лъэпкъым и Нып) — джырэ зэманым хасэхэм, лъэпкъыгъохэм, ыкIи Адыгеим я ныпэу щыт.
2011 гъэм щегъэжьагъэу адыгэ лъэпкъым мэлыжъыхьым и 25 мафэр адыгэ ныпым и мафэу траӀуагъ.
Ныпым и теплъэр плӀэмый фэкӀыхь уцышъоу щыт, бгъуагъэмрэ кӀыхьагъэмрэ зэрэзэфыщытыр — 2:1. Ежь ныпым ыкӀцӀым дышъэ жъуагъо 12 чищ зэтелърэ апэхэмкӀэ дэгъэзыягъэу тетых.
Вагъуэ пшъыкӀутӀым адыгэ лъэпкъ пшъыкӀутӀыр ягъэлъагъуэ, чищым ягъэлъагъуэр адыгъэпщ лъэкъуищ нэхъ жъыдыдэхэра, зэтелъу (зэрыдзауэ) зэрщытхэр — зэрзэкъуэтхэра. Удзыфэм игъэлъагъуэр — дунеир, гъашъэр, адыгэ хэкур джоуэ.
ПэмыкӀ гурыӀуэгъуэхэмкӀэ — чищыр Лъэпшъ и цӀэкӀэ ныпым хагъэхьауэ къоӀохур; удзыфэр — мыслымэн дин.
Зы къэбарым къызэриӀорэмкӀэ ныпыр Тыркуем и пачъыхьым и шъуызым (адыгэ лъэпкъым къыхэкӀыгъэу аIо) ежьым иӀэкӀэ хидыкӀауэ къыхокӀыр, ныпым и тхыпхъэр Шотлэндым щыщ Уркуарт Дэвидым и Ӏэшъагъэу пачъыхьгуащэм ӀэкӀэхьагъэу.
ЕтӀуанэ хъыбарымкӀэ ныпыр езы Уркуартым ишъри адыгэхэм яӀэкӀигъэхьа XIX лъэхэнэм и 36 гъэм.
А ныпыр адыгэ лъэпкъым я хуитыныгъэ пэщытыным Урыс-Адыгэ зауэм нэхъ лъэш ишъын хуейт, абым шъхьэкӀэ Британием (гугъэ зиӀэтэми Урысейми хуэду Адыгэ Хэкур зыӀэкӀигъэхьэну) и унафэкӀэ ныпыр ишъат Уркуартым.
This article uses material from the Wikipedia Адыгэбзэ article Адыгэ Нып, which is released under the Creative Commons Attribution-ShareAlike 3.0 license ("CC BY-SA 3.0"); additional terms may apply (view authors). CC BY-SA 4.0-м тетэу кӀоцӀрытыр олъэгъу (нэмыкӀым игугъу къамышӀмэ). Images, videos and audio are available under their respective licenses.
®Wikipedia is a registered trademark of the Wiki Foundation, Inc. Wiki Адыгэбзэ (DUHOCTRUNGQUOC.VN) is an independent company and has no affiliation with Wiki Foundation.